Статьи на кабардинском языке

АДЫГЭ КИНОМ ЦIЫХУХЭР МАКIУЭ

Мы махуэхэм илъэситI ирикъуащ театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмыр утыку къызэрырахьэрэ. 2019 гъэ лъандэрэ УФ-м и кинотеатрхэм щекIуэкI а фильмым цIыху мин бжыгъэхэр еплъащ. Ютуб каналым цIыху мелуан 40 щеплъащ. Ар иджыри киногъэлъэгъуапIэхэм щокIуэкI, трагъэзэжурэ еплъыр куэдщ.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ БЖЬЫПЭР ИУБЫДАЩ «ФIАГЪ ЛЪАГЭ ЗИIЭ ГЪУЭГУ ШЫНАГЪУЭНШЭХЭР» ЛЪЭПКЪ ПРОЕКТЫР ГЪЭЗЭЩIЭНЫМКIЭ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ про­ектым хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуа лэ­жьыгъэхэм зэрехъулIэмкIэ къэралым пашэныгъэр зэ­рыщиIыгъым папщIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуагъэфэщащ Урысейм и Правительствэм и ­дипломрэ фэеплъ дамыгъэрэ.

ЛЪАХЭХУТЭ МУЗЕЙ

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм и хъыбарыфI куэдрэ зэхыдох, Iуэхугуъэ дахэхэр къызэрыщызэрагъэпэщым, цIыхухэм сэбэп зэрахуэхъум дыкIэлъоплъ. Музейм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд къыджиIащ абы и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт.

Къызэрыунэхуар

УРЫСЕЙМРЭ УЗБЕКИСТАНЫМРЭ АДЭКIИ ЗЭРЫЗЭДЭЛЭЖЬЭНУ ЩIЫКIЭР ЯУБЗЫХУ

Москва щызэхэтащ Урысеймрэ Узбекистанымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа 11 щIыналъэзэхуаку Зэхуэсышхуэр.

ХЬЭРХУЭРЭГЪУР ЩIЕГЪУЭЖА Е ШЫНЭЖА?

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я Лас-Вегас къалэм щызэхэтыну траухуауэ щытащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ Мырзэкъан Азэмэтрэ («Профессионал» цIэ лейр зыфIащар) Польшэм и лIыкIуэ Прачнио Марчинрэ я зэIущIэр, ауэ ар екIуэкIынукъым. Щхьэусыгъуэр - адыгэ щIалэм и хьэрхуэрэгъум идэжакъым абы и гъусэу рингым къихьэн. ЩIегъуэжа е шынэжа - ар зыщIэр ­езыращ.

ОЛИМП ЧЕМПИОН МАХУЭ БИЛАЛ

Дунейпсо Олимп комитетым и зи чэзу зэхыхьэу щэкIуэгъуэм и 12-м екIуэкIам хъыбар гуапэ къытхуихьащ - 2012 гъэм Лон­-дон щызэхэта Олимп Джэгухэм я чемпион цIэр къыхуагъэфэщащ бэнэкIэ хуитымкIэ щэнейрэ дунейпсо чемпион Махуэ ­Билал. А хъыбарыр зэбгригъэхащ Урысейм Спорт бэнэкIэмкIэ и федерацэм и пресс-IэнатIэм. 

АДЫГЭ УНАГЪУЭ ДАХЭ

Москва щекIуэкIащ «Илъэсым и уна­гъуэ-2021» урысейпсо зэхьэзэхуэм щыте­кIуахэр щагъэлъапIэ зэIущIэ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, абыхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Къашыргъэхэ я унагъуэ дахэр.

ДЫГЪАФIЭ ЖЫЛЭЩ, И САБИЙ БЫНЫР ТЕГУРАЩ…

Адыгэбзэм щыщщ

ГуащэнэпIэс – щхьэгъусэм и анэнэпIэсыр нысэм зэрыхуэхъу.

ДЕЙСКЭ - МЭРТЭЗЕЙ

Нобэ Дейскэ къуажэр зэрыс щIыпIэм къэтIысын и пэ лъэгу псор дей мэзу, пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэри, псэуалъэ къызыхэпщIыкI хъунухэри иту, и лъэгур мывэкIэщхърэ псы къабзэ цIыкIу мэзым пхырыжу щытащ. Псы цIыкIур псынэпс къабзэу зэхэлъэдэжауэ арат.

«АРГО» КХЪУХЬЫМРЭ АДЫГЭ-АБХЪАЗХЭМРЭ ЗЭХУАIУЭХУР

Алыдж  литературэр  зыцIыхухэм  зэхамыхыпIэ  яIэкъым  «Арго»  кхъухьым исрэ Язон я кхъухьыпщу   лIыгъэщIапIэ ежьа щIалэхэм я хъыбарыр.  

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке