УРЫСЕЙМРЭ УЗБЕКИСТАНЫМРЭ АДЭКIИ ЗЭРЫЗЭДЭЛЭЖЬЭНУ ЩIЫКIЭР ЯУБЗЫХУ

Москва щызэхэтащ Урысеймрэ Узбекистанымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа 11 щIыналъэзэхуаку Зэхуэсышхуэр.

Зэхыхьэм хэтащ УФ-м экономикэ зыу­жьыныгъэмкIэ и министр Решетников Максим, Узбекистан Республикэм и Правитель­ствэм и УнафэщIым инвестицэхэмрэ къэ­-рал щIыб экономикэ зэпыщIэныгъэ Iуэху­хэмкIэ и къуэдзэ - инвестицэхэмрэ къэрал щIыб сатумкIэ и министр Умурзаков Сардор, Урысейм хыхьэ субъектхэм ящыщу пщIым (Къэбэрдей-Балъкъэр, Карелие республикэхэм, Самарскэ, Омскэ, Свердловскэ, Ульяновскэ, Челябинскэ, Ростовскэ областхэм, Журт автономнэ областым, Ставропольскэ крайм) я Iэтащхьэхэр, Узбекистаным и щIыналъэхэм я унафэщIхэр.

Урысейм и Президент Путин Владимир Зэхуэсышхуэм хэтхэм захуигъазэу яхуигъэхьа тхыгъэм итщ: «Урысейр Узбекистаным и сатущIэгъу нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ икIи а къэралым хамэ хэкухэм сатууэ ядищIымкIэ етIуанэ увыпIэр тIыгъщ. Пандемием и лъэхъэнэми нэхъри зеубгъу ди къэралхэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ яIэ зэпыщIэныгъэм. 2020 гъэм сатууэ зэдэтщIар процент 16-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи доллар мелардих и уасэм нэблэгъэпащ».
Форумым хэтхэм закъыхуигъэзащ Узбекистаным и президент Мирзиёев Шавкати. Абы къыхигъэщащ Урысейр Узбекистаным и экономикэм и инвестор нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. «Мы зэманым урысей инвестицэхэр ди къэралым доллар меларди 10-м щыщIегъу икIи абы адэкIи хохъуэ. Шэч хэмылъу, щIыналъэхэр адэкIи зэдэлэжьэнымкIэ Iэмалышхуэхэр диIэщ. Дэ адэкIи пхыдгъэкIынущ зэгъусэу дгъэхьэзыр бизнес-проектхэр икIи промышленность, мэкъумэш IэнатIэхэм, щIыдагъэм, хущхъуэ гъэхьэзырыным, щэкIхэр зэIущэным елэжь, нэгъуэщI IэнатIэхэми IэмалыщIэхэр къыщызэдгъэпэщынущ.
Зэхуэсышхуэм хыхьэу Урысеймрэ Узбекистанымрэ я щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр теп­сэлъыхьащ зэрызэдэлэжьыну щIыкIэхэм.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм дежкIэ Узбекистаныр и сату-экономикэ дарэгъу нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ щытщ. 2019 - 2020 гъэхэм къриубыдэу Узбекистаным сатууэ дащIыр процент 59-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Процент 12-кIэ хэхъуащ продукцэу яхуригъашэм, щIыналъэм къыщыщIагъэкIауэ нэгъуэщI хэкухэм ярищэм и процент 40-р а къэралым хуозэ. Ди республикэм Узбекистаным нэхъыбэу хурегъашэ Iэмэпсымэ зэмылIэужьыгъуэхэр, сэхэкIхэр, крахмал, пхъэрэ абы къыхэщIыкIахэмрэ, фа­дэрэ псыIэфIхэмрэ, серчэ, IэфIыкIэхэр. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къыIэрохьэ Узбекистаным бжьэхуцым къыхэщIыкIауэ щащIахэр, какао, IэфIыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр.
2019 гъэм Ташкент еблэгъат Къэбэрдей-­Балъкъэрым и хьэрычэтыщIэхэр, Узбекиста­ным ейхэр 2020 гъэм ди республикэм щы­хьэщIащ. Сату-экономикэ, инвестицэ я лъэныкъуэкIэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэм и лъабжьэр мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэм щызэдэ­лэ­жьэнымрэщ. «КъБР-м хьэрычэт IэнатIэр щы­дэIыгъынымкIэ и центрым» и ЩIыналъэ фондыр и щIэгъэкъуэну Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ хьэрычэтыщIэхэр дызэрыт илъэсым и щэкIуэгъуэм Узбекистан Республикэм кIуэну траухуащ, сату-экономикэ зэпыщIэныгъэхэм нэхъри зрагъэубгъун мурадыр яIэу.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.05.2024 - 12:35

МУЗЕЙМ И НАКЪЫГЪЭ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм и пэшхэм зэуэ выставкэ зыбжанэ щагъэлъагъуэ: «Монументаль­ный Нальчик», «Музыка танца», аэроклубыр Налшык къы­зэ­рыщызэIуахрэ илъэс 90 зэ­ры­рикъум теухуар. 

06.05.2024 - 09:25

ЦIЫКIУХЭМ НЫПЫР ЯФIЭДАХЭЩ

Налшык сабий сад №49-м и гъэсэн цIыкIухэм адыгэ ныпыр ирагъэцIыхуащ. Абы теухуа пшыхь гъэщIэгъуэн иригъэкIуэ­кIащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, сабийхэр адыгэбзэм хуезы­гъаджэ Жэрыщты Аринэ.

06.05.2024 - 09:25

ГЪУАЗДЖЭМ И ХЭЩIАПIЭ

«Гардарика - Кавказ» арт-фестивалыр КъБР-м и Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ.

06.05.2024 - 08:10

УРЫСЕЙМ И ЧЕМПИОН ШЭРИЙ ИНАЛБЭЧ

Мэзкуу областым хыхьэ Сколково щIэныгъэ къалэм къикIыу хъыбар гуапэ иджыблагъэ къытIэрыхьащ. Мы махуэхэм абы и «Live Арена» спорткомплексым щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпионат.

05.05.2024 - 13:17

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭМ И МАРДЭЩIЭХЭМ ХУОКIУЭ

Ди республикэм лэжьыгъэ IуэхукIэ дыгъуасэ къэкIуащ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей.