Статьи на кабардинском языке

КЪЭХУТЭНЫГЪЭМ ЗРАГЪЭУЖЬ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща зэIущIэм щаубзыхуащ РАН-м Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Бахъсэн щиIэ нейтриннэ обсерваторием (БНО) зэрыдэлэжьэну щIыкIэр.

СЫМАДЖЭХЭР ШЫМ ЯГЪЭШЭСУРЭ ЯГЪЭХЪУЖ

 Шыхъуэхэм  я хъыбархэм  къыхэщ  зэпытщ  адыгэшыр   зэрыгубзыгъэм  къыхэкIыу, зи  лъакъуэ  къыдэмыбз  сабийхэри  балигъхэри  ягъэшэсурэ, сымаджэхэм  я  гукъыдэжыр  къызэраIэтыр,   я  узыр  нэхъ  мащIэ зэращIыр.  Иджыблагъэ  Урысей  Президентым и лIыкIуэу  СКФО-м щыIэ Чайкэ Юрий  акъылэгъу  къадэхъуауэ,  ЕсэнтIыгу ИппотерапиемкIэ  центрым и проектыр утыку кърахьащ.                               

ЭЙНШТЕЙН И ШОФЕРЫР

ЦIыху къэс зэчий гуэр бгъэдэлъщ, зыгуэрым хуэфIщ, хуэIэижьщ. Уэ нэхърэ нэхъыкIэу къэплъытэ гуэри къофIэкIынкIэ хъунущ, зэрымыщIэкIэ. УщIэныгъэлIми, дунейм уэ нэхъ Iущ темыту къыпщыхъуми, лэжьапIэм узышэ-укъэзышэж шоферыр къыщыптекIуэжыни къохъу… Ар игъэунэхуащ зи къэхутэныгъэшхуэхэм цIэрыIуэ ирихъуа щIэныгъэлI Эйнштейн Альберт.

КИНОР ПСЭУЩ, ЦIЫХУХЭР ЕПЛЪЫХУ

АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмым иджыри къыздэсым цIыхухэр кIуэурэ йоплъ. КиногъэлъэгъуапIэхэм зэрыжаIэмкIэ, ар ягъэлъэгъуэнущ еплъын къэкIуэху. 
Фильмым цIыхур зыхуишэ гупсысэр куущ, щилъагъу дерсыр щхьэпэщ, нэгъуэщI лъэпкъхэм дакъызэрыригъэцIыху щIыкIэр щапхъэщ.
Абы Урысейм щеплъахэм я гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшащ:

АДЫГЭХЭМ ЯЩЫЩУ ШАХМАТХЭМКIЭ СПОРТЫМ И МАСТЕР ЯПЭУ ХЪУА

Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм щхьэзакъуэ зэпеуэхэм зэфIэкI хъарзынэхэр къыщагъэлъагъуэ. АбыхэмкIэ дэ диIэщ Европэм, Дуней псом, Олимп Джэгухэм я чемпионхэр. Ауэ щыIэщ ехъулIэныгъэ Iэта къыщыдмыгъэлъагъуэ спорт лIэужьыгъуэхэри. Ахэр къэзыIэтыным, абыхэм сыткIи хэлъхьэныгъэ хуэщIыным хуэпабгъэ, ныбжьыщIэхэр шахматхэм хуезыгъасэ цIыху пажэхэм ящыщщ Джэдгъэф Чэмал. 

«КХЪУАУЭР ЕУЭРИ, КХЪУЭЖЫМ ИКIАЩ»

Ди щIэджыкIакIуэхэр зэрыщыгъуазэщи, псалъалъэ зыбжанэ «Адыгэ псалъэ» газетым зэкIэлъыкIуэу къытредгъэдзащ Ди гуапэ зэрыхъунщи, а тедзэгъуэхэм щIэупщIэ ягъуэтащ, къапщтэмэ, езы къуажэдэсхэми хьэлэмэт ящыхъуащ. МащIэми куэдми, а псалъалъэхэр тедзэн зэредгъажьэрэ газетым кIэлъыплъхэм зыкъыдагъащIэ «мыпхуэдэ псалъэхэм ущымыгъуазэу пIэрэ, ди анэшхуэм жиIэу куэдрэ дрихьэлIащ» жаIэу.

ЗЭМАНЫМ ФАГЪУЭ ДЭМЫХЪУ ЛIЫГЪЭ

Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа адыгэхэм ящыщщ совет, урысей еджагъэшхуэ, профессор, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Рентген оптикэмкIэ институтым и генеральнэ директору, Физикэ оптикэмкIэ институтым и унафэщIу щыта Къумахуэ Мурадин Iэбубэчыр и къуэр.

МОНТИ И ХЪУЭПСАПIЭР

Монти зи цIэ щIалэ цIыкIурщ мы хъыбарыр зытеухуар. Абы и ныбжьыр илъэс 16-м иту, курыт еджапIэм сочиненэ щитхауэ щытащ. ЕгъэджакIуэм унэ лэжьыгъэу къаритат балигъ хъумэ, зэрыпсэуну щIыкIэм, я хъуэпсапIэхэм тетхыхьыну. Монти куэдрэ егупсысащ абы, икIи зэритхыну щIыкIэр иубзыхуу щIидзащ. Ранчо иIэну хуейт щIалэ цIыкIур.

АДЫГЭ КИНОМ ЦIЫХУХЭР МАКIУЭ

Мы махуэхэм илъэситI ирикъуащ театрымрэ киномрэ я режиссёр цIэрыIуэ, АР-м гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор триха «Невиновен» адыгэ фильмыр утыку къызэрырахьэрэ. 2019 гъэ лъандэрэ УФ-м и кинотеатрхэм щекIуэкI а фильмым цIыху мин бжыгъэхэр еплъащ. Ютуб каналым цIыху мелуан 40 щеплъащ. Ар иджыри киногъэлъэгъуапIэхэм щокIуэкI, трагъэзэжурэ еплъыр куэдщ.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ БЖЬЫПЭР ИУБЫДАЩ «ФIАГЪ ЛЪАГЭ ЗИIЭ ГЪУЭГУ ШЫНАГЪУЭНШЭХЭР» ЛЪЭПКЪ ПРОЕКТЫР ГЪЭЗЭЩIЭНЫМКIЭ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ про­ектым хыхьэу 2021 гъэм зэфIагъэкIыну яубзыхуа лэ­жьыгъэхэм зэрехъулIэмкIэ къэралым пашэныгъэр зэ­рыщиIыгъым папщIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм къыхуагъэфэщащ Урысейм и Правительствэм и ­дипломрэ фэеплъ дамыгъэрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке