«АРГО» КХЪУХЬЫМРЭ АДЫГЭ-АБХЪАЗХЭМРЭ ЗЭХУАIУЭХУРАлыдж литературэр зыцIыхухэм зэхамыхыпIэ яIэкъым «Арго» кхъухьым исрэ Язон я кхъухьыпщу лIыгъэщIапIэ ежьа щIалэхэм я хъыбарыр. Аргонавтхэр здэкIуа щIыналъэ Колхидэр Абхъаз щIыналъэм зэрыхуэзэр куэд щIауэ щэхужкъым. А пщыгъуэм и тепщэ IэIэтщ, Медеее егуэкIуа нэужь, Язон щыкъуадэ хуэхъуар. ЩIэныгъэлI куэдым къалъытэ адыгэ-абхъазхэм я къежьапIэри я лъэпкъыцIэри Медея и шыпхъу Киркэ деж къыщежьэу. Аращ зи гугъу ищIыр пасэрей алыдж усакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, ди эрэм и пэкIэ 1295-1215 гъэхэм псэуа Родос щыщ Аполлоний» «Милетский Дионисий «Арго» кхъухьым исахэм ятеухуа хъыбарыжьхэр» зыфIища япэ тхылъым щыжеIэ Киркэ IэIэтрэ Персей ипхъу Гекатэрэ я быну, Медее и шыпхъуу зэрыщытар. Абы зэритхымкIэ, Гелиос а щIыпIэм къуитI щиIащ, абыхэм я цIэхэр IэIэтрэ Персейрэт. Щхьэж хэгъуэгу зырыз къыIэрыхьащ: IэIэт – колххэмрэ мэуэтхэмрэ щыпсэу щIыпIэр, Персей – Таврхэм я щIыналъэр».
Чэрим Марианнэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|