Статьи на кабардинском языке

«АНТАРЕС» ЦЕНТРЫМ И ЛЭЖЬЫГЪЭР КЪАПЩЫТАЩ

КъБР- м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Зэчиймрэ ехъулIэныгъэмрэ» щIэныгъэ фондым и унафэщI, «ЩIэныгъэ» лъэпкъ проектым и Жылагъуэ-гъэзэщIакIуэ советым и унафэщI Шмелёвэ Еленэрэ ирагъэкIуэкIащ Гъуазджэм, спортым, егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмрэ зэфIэкI къыщызыгъэ­лъагъуэ сабийхэм зегъэужьыным хуэгъэпсауэ КъБР-м щылажьэ «Антарес» щIыналъэ центрым и Попечительскэ советым и зи чэзу зэIущIэр. 

БЛЭКIА ЗЭМАНЫМ УЩЕГЪЭХЬЭЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы­благъэ щекIуэкIащ ­КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Нало Ахьмэдхъан Хьэмырзэ и къуэр къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъуар гъэлъэ­пIэ­ным теухуа Iуэхухэр. Ахэр республикэм и IуэхущIапIэ зэхуэ­мыдэхэми езыр къыщалъхуа Хьэтуей жылэми щызэхэтащ.

КЪАЛАЩХЬЭМ И СПОРТСМЕНХЭР ХАГЪАЩIЭ

«Олимп къуажэ-80»-м щекIуэкIащ Мэзкуу къалэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыщ спортсменхэри. Псори зэхэту ди щIалэхэм медаль зэмылIэужьыгъуи 8 чемпионатым къыщахьащ.

ПэщIэдзэ зэIущIэхэр фIы дыдэу езыгъэкIуэкIа КъуийцIыкIу Ахьмэд килограмм 77-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я кIэух зэIущIэм 5:0-у щыхигъэщIащ мэкуудэс Агабекян Армен.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ ПСЫ ЗЫЩIАГЪЭХЬЭ И ЩIЫ IЫХЬЭХЭМ ГЕКТАР МИНИБГЪУ КЪЫХАГЪЭХЪУАЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъэгъазэм и 3-м хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Абрамченкэ Викторие видеоконференц мардэм тету иригъэкIуэкIа зэIущIэм.

КАВКАЗ ПСЫ ХУЩХЪУЭХЭМРЭ КЪЭБЭРДЕЙ АДЫГЭХЭМРЭ Главные вкладки

Кавказ Псы Хущхъуэхэр илъэс 225-рэ щрикъу махуэм ирихьэлIэу, къэбэрдей адыгэхэр къызыхэщ дэфтэр гъэщIэгъуэн утыку къыщрахьащ «КоммерсантЪ» газетым. Петуховэ Аннэ дигу къегъэкIыж Урысейм япэ зыгъэпсэхупIэхэр къыщызэIуахауэ зэрыщытар.

АДЫГЭЛI НЭС ХЬЭТКЪУЭ НЭЖЭТ

Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм хэкум къыхуэпабгъэрэ абы икI я къуэшхэр я нэ, я псэу яхэт лIы щыпкъэхэм ящыщщ Хьэткъуэ Нэжэт.

ГЪУЭГУАНЭ ХЬЭЛЪЭХЭМ ЗРАПЩЫТУ ЩIАДЗЭ

ЩIэныгъэлIхэр игъащIэ лъандэрэ топсэлъыхь цIыхумрэ ар къэзыухъуреихь дунеймрэ я псэкIэ, я IэпкълъэпкъкIэ зэрызэпыщIам, зым адрейм Iэмал имыIэу зыхъуэжыныгъэ гуэрхэр зэрыхилъхьэм. Пэжщ, а зэхъуэкIыныгъэхэм узыщыгуфIыкIыни уи жагъуэ хъуни къыщрикIуэхэр щыIэщ. Iуэхур нэхъыбэу зэлъытар дунеймрэ цIыхумрэ яку дэлъ зэхущытыкIэрщ, лъагъуныгъэрщ.

ЯПЭ МАХУЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Екатеринбург къалэм щызэхэтащ Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы и медалхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 65-м икIа, зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуа спортсмен 625-рэ.

КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭРЫМ И БЮДЖЕТЫМ ХОХЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм и экономикэм зиужьын папщIэ къэрал къулыкъущIапIэхэм къапэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ зэфIэхыпхъэхэмрэ я гугъу щищIащ иджыблагъэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ядригъэкIуэкIа зэIущIэм.

ЦIЫКIУХЭМ ФIЫУЭ ЯЛЪАГЪУ ДОХУТЫР

Щхьэлыкъуэ къуажэм дэт амбулаторэм педиатру щолажьэ Гуанэ Бэллэ. Сабийхэрщ зэIэзэри, ахэр бзэ гуапэкIэ къыдехьэх, ядогушыIэ, трагъэзэн хуей хъумэ, шынэ ягу илъыжкъым. Аращ дохутыр нэсыр – щIэныгъэ бгъэдэлърэ, ар къыхуэгъэсэбэпмэщ. Езы дохутырыр Шэджэм ЕтIуанэ къуажэм къыщыхъуащ, Налшык къалэ щопсэу, хъыджэбзрэ щIалэрэ иIэщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке