Статьи на кабардинском языке

АДЫГЭ-АБХЪАЗХЭР ЗЫХЬЭХЭМ КЪАТЕХЪУКIАЩ

Урым    дунеяплъэ,  XV  лIэщIыгъуэм  и   кIэухым  – XVI  лIэщIыгъуэм   и пэм псэуа   Интериано   Джорджио адыгэ-абхъазхэм я пасэрей лъэпкъыжьу къалъытэ зыхьэхэр  щыпсэуа щIыпIэм топсэлъыхь:

ЗИ ВАГЪУЭР НУРУ БЛЭ

ЗэрытщIэщи, дэтхэнэ зы цIыхуми нэхъ лъапIэ дыдэу иIэр дамэ къытезыгъакIэ и унагъуэращ, мывэ къыру и щIыбагъ къыдэт, гуфIэгъуэхэр къыдэзыгуэш, гузэвэгъуэхэр къыдэзыгъэпсынщIэ и адэ-анэмрэ къыдалъхуахэмрэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, языныкъуэхэм щхьэусыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIыу я бынхэр Сабий унэхэм къыщыщIанэ дрохьэлIэ.

БЗЭМ УИ ЗЭХУАКУМ ГЪУНАПКЪЭ КЪЫДИНЭРКЪЫМ

Адыгэбзэм теухуа хъыбархэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэм зэхахагъэнщ илъэс куэд хъуауэ адыгэбзэр зыдж профессор Коларуссо Джон и цIэр. США-м и президенту щыта Клинтон Билл Кавказ IуэхухэмкIэ и чэнджэщэгъу щIэныгъэлIыр щылажьэр Канадэм щыIэ Макмастер университетырщ.

МИНИСТРЫМ ИРЕГЪЭБЛАГЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хьэсанэ Ислъамрэ Bellator 268 зэзауэ зэхэтхэмкIэ зи чэзу зэхьэзэхуэм щытекIуа Бырхьэм Мухьэмэдрэ иджыблагъэ зэIущIащ.

БЕШКЪЭЗАКЪХЬЭБЛЭР ЗЭРЫЧИЙЛЪЭРЫКІУЭ, УНЭПАКІУЭ КЪЭСИ ЗЭРЫГУАЩЭТІУРЭ

Адыгэбзэм щыщщ

И цІэр езым ещхьу екІуу икІи гъэщІэгъуэну Бешкъэзакъхьэблэ дэсащ зы цІыхубз – ДумэрданэтІас. Езыр Борэхэ япхъут, Мэршэнкъулхэ я нысэт. ЗэраІуэтэжымкІэ, и щІыкІэр ямылей пагагъ хэмылъу удэзыхьэхт, Іущт, и псалъэр бэм къалъыхъуэрт, къуажэдэс нэхъыжьхэми чэнджэщэгъу щащІи куэдрэ къыхэкІырт.

НЭХЪЫФIХЭМ ЯЩЫЩЩ

Хьэ­цым Лианэ зэрысабийрэ дохутыр хъуну щIэхъуэпсырт.  Иджыпсту абы а цIэр зэрихьэ  къу­дей­къым, атIэ а IэщIагъэм щынэхъыфIхэм хабжэ.

 Лианэ ЭндокринологиемкIэ институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, Алмазов В. и цIэр зэрихьэу Санкт-Петербург дэт  самаджэщым  эндокринологыу щыIэщ. И лэжьыгъэм къищынэмыщIауэ,  дунейпсо конференц зэмылIэужьыгъуэхэм хэ­тащ пщащэр. 

И IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭМ ГУПСЫСЭ ЯХЭЛЪЩ

Хьэнцэ Албэч Аруан (Мысостей) къуажэм къыщыхъуащ, щопсэу. Дизайным хуеджащ, сурэт щIыным дехьэх, футболыр и псэм хэлъщ. Зызрипщытым щIэщыгъуагъ хелъхьэ. Албэч адыгэу дунейм къызэрытехьам ирогушхуэ – абы и нэщэнэхэр и лэжьыгъэхэм щыдолъагъу.
Топыр щIым нэзмыгъэсу…

ПУШКИН И ТХЫГЪЭЕДЖЭ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм  иджыблагъэ щекIуэкIащ «Пушкин и тхыгъэеджэ» Iуэху дахэр. Ар егъэщIылIауэ щытащ   Пушкин теухуауэ  а  музейм къыщызэрагъэпэща  гъэлъэгъуэныгъэм.
     «Пушкин и тхыгъэеджэм» хэтащ «Свеча» литературэ  клубым   щыщ  ныбжьыщIэхэмрэ «ДыгъафIэ къалэм»  щеджэхэмрэ.

ЛЪЭПКЪЫР ЗЭГУШХУЭ ЦIЫХУ

Нобэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм.

ДИ ЩIАЛЭХЭР КЪИКIУЭТТЭКЪЫМ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэбэт блэкIам «Спартак-Налшыкыр» Ставрополь щыIущIащ «Динамо»-м.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке