|
Статьи на кабардинском языке
28 ноября, 2021 - 06:30
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яIущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу Урысей Федерацэм сенатору щыIэхэмрэ Къэрал Думэм и депутатхэмрэ
27 ноября, 2021 - 06:30
Анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхэзыщIэ щIэблэ къэгъэтэджыныр егъэджэныгъэм пщэрылъ зыщищIыжын, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къилъытэн хуей пщэрылъщ.
27 ноября, 2021 - 06:30
Мейкъуапэ дэт Адыгэ университетым хэт ЩIэныгъэ библиотекэм щэкIуэгъуэм и 23-м щызэ-хэтащ «Адыгэ хадэр щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ-щэнхабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм зэрадекIуэкIыр» Iэнэ хъурейр.
27 ноября, 2021 - 06:30
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ КъБР-м и Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 80 зэрырикъур.
26 ноября, 2021 - 06:30
Адыгэхэм я хадэ зехьэкIэм теухуауэ щыIэ щIэныгъэ лэжьыгъэхэр зэгъэуIуным, ар тхылъхэм ит теорие къудейуэ къэмынэу, къыдэкIуэтей щIэблэм хэпща зэрыхъуным щытепсэлъыхьащ щэкIуэгъуэм и 23-м Мейкъуапэ дэт Адыгэ университетым хэт ЩIэныгъэ библиотекэм щызэхэта «Адыгэ хадэр щIыналъэм щекIуэкI жылагъуэ-щэнхабзэ зэхъуэкIыныгъэхэм зэрадекIуэкIыр» («Черкесский сад» в пространстве соц
26 ноября, 2021 - 06:30
Филологие щIэныгъэхэм я кандидат, КъБКъУ-м Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центрым и унафэщI Езауэ Мадинэ и лэжьыгъэм, дэзыхьэххэм центрым щахъумэхэмрэ и IуэхущIафэхэмрэ тедгъэпсэлъыхьащ
26 ноября, 2021 - 06:30
Дон Iус Ростов къалэм мы гъэмахуэм и кIэм щегъэжьауэ археологхэм я къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэр щокIуэкI. Иджыблагъэ хэIущIыIу хъуащ къалэкум пасэрей мэуэтхэм я псэуалъэу щыта лъапсэжьхэмрэ абы щызэрахьа Iэмэпсымэхэмрэ къызэрыщагъуэтыжар. Хъыбарым щыгъуазэ дещI Ростов къалэм щылажьэ
Щэнхабзэ мыхьэнэ зиIэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ комитетым.
25 ноября, 2021 - 05:46
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ къыщызэрагъэпэща зэIущIэм щаубзыхуащ РАН-м Ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Бахъсэн щиIэ нейтриннэ обсерваторием (БНО) зэрыдэлэжьэну щIыкIэр.
25 ноября, 2021 - 05:45
Шыхъуэхэм я хъыбархэм къыхэщ зэпытщ адыгэшыр зэрыгубзыгъэм къыхэкIыу, зи лъакъуэ къыдэмыбз сабийхэри балигъхэри ягъэшэсурэ, сымаджэхэм я гукъыдэжыр къызэраIэтыр, я узыр нэхъ мащIэ зэращIыр. Иджыблагъэ Урысей Президентым и лIыкIуэу СКФО-м щыIэ Чайкэ Юрий акъылэгъу къадэхъуауэ, ЕсэнтIыгу ИппотерапиемкIэ центрым и проектыр утыку кърахьащ.
25 ноября, 2021 - 05:44
ЦIыху къэс зэчий гуэр бгъэдэлъщ, зыгуэрым хуэфIщ, хуэIэижьщ. Уэ нэхърэ нэхъыкIэу къэплъытэ гуэри къофIэкIынкIэ хъунущ, зэрымыщIэкIэ. УщIэныгъэлIми, дунейм уэ нэхъ Iущ темыту къыпщыхъуми, лэжьапIэм узышэ-укъэзышэж шоферыр къыщыптекIуэжыни къохъу… Ар игъэунэхуащ зи къэхутэныгъэшхуэхэм цIэрыIуэ ирихъуа щIэныгъэлI Эйнштейн Альберт.
Страницы
|