Статьи на кабардинском языке

АДЫГЭ ЭСТРАДЭР ЗЫГЪЭБЖЬЫФIЭ ТХЬЭГЪЭЛЭДЖ СВЕТЛАНЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Тхьэгъэлэдж Светланэ адыгэ дунейм фIыуэ щалъагъу, ди зэманым и уэрэджыIакIуэ пэрытхэм ящыщщ. Абы макъ дахэ зэриIэм, уэрэд жыIэным къызэрыхуигъэщIам куэд щыгъуазэщ. А цIыху щабэм и дуней еплъыкIэр тфIэгъэщIэгъуэну упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. 

НАРТЫМ И ЛIЫГЪЭР КЪЫЩЫНАХУЭР

Балигъ хъууэ шырэ Iэщэрэ зэригъэпэща нэужь, нартыр зекIуэ йожьэ. ЗекIуэм къыщонахуэ нартыми лIыгъэр: зекIуэ щIежьэ хабзэр бийр хагъэщIэн, ялъ ящIэжын щхьэкIэщ е шыбз гуартэ къахун папщIэщ.

ДЫЖЬЫНЫМ КЪЫЩОУВЫIЭ

Италием и Ольбие къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэм дзюдомкIэ гупхэм я дунейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух зэIущIэхэр. 

ТРЕНЕРЫМРЭ ГЪЭСЭНЫМРЭ КЪЫХОЖАНЫКI

Кърым Республикэм хыхьэ Евпаторие къалэм дэт «Эволюция» спорт центрым щекIуэкIащ пауэрлифтингымкIэ Урысей Федерацэм и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Саугъэтхэм щIэбэнащ зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ зиIэ къэралым и щIыналъэ 42-м икIа спортсмени 150-м щIигъу.

Бабыщ гъэжьа, мыIэрысэ илъу

Бабыщ гъэкъэбзар зэгуамыгъэжу псы щIыIэкIэ ятхьэщI, хъыдан къабзэкIэ ялъэщIыж. Бабыщ гъущам и щIыбми и кIуэцIми шыгъурэ шыбжийрэ фIыуэ щахуэ. АдэкIэ мыIэрысэр, ­нэхъ цIыкIуурэ къыхахри, ятхьэщI, якIхэр ­кърач, ялъэщIыж. МыIэрысэхэр бабыщ кIуэцIым иралъ­хьэри, псы щIыIэ тIэкIу иракIэж, бабыщыр мастэ-IуданэкIэ зэгуадэж.

Битокъумрэ Къудеймрэ я шыр къэралым щыпашэщ

Краснодар и шыгъэжапIэм щекIуэкIащ Урысей Федерацэм шы щагъэхъу и заводхэм я Бжьыхьэ кубокымрэ шыгъажэ лъэхъэнэр зэрызэхуащIыжым ехьэлIа зэхьэзэхуэмрэ. 

Бгъэхэм я хэщIапIэ

«Къуршыбгъэ лIэужьыгъуэхэм я унапIэу щыт мэзхэр дывгъэхъумэ» фIэщыгъэм щIэту «ЦIыхур зылъэмыIэса щIыуэпс» (WWF) Урысей фондым нэгъабэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIих Iуэхум кърикIуэнум щIэныгъэлIхэр поплъэ.

БЫН ЗИIЭ УНАГЪУЭХЭМ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

А Iуэхум теухуа зэIущIэ иджыблагъэ къызэригъэпэщащ КъБР-м и Парламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и комитетым.

ГЪУЭГУ ЗЭПЭЩХЭМ ГЪАЩIЭР ИРАГЪЭФIАКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Пятигорск къалэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыхуэзащ ГъуэгухэмкIэ федеральнэ агентствэм и уна­фэщI Новиков Роман.

ПСЫ КЪАБЗЭР БАХЪСЭН ЩIЫНАЛЪЭМ И ЖЫЛАГЪУЭ КУЭДЫМ ЯЛЪЭIЭСЫНУЩ

Урысейм и Правительствэм Бахъ­сэн Iуфэм Iус жылагъуэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным трагъэкIуэдэн папщIэ сом мелардитIым щIигъу ­къиутIыпщынущ. Абы теухуа заяв-кэр махуитI япэкIэ Москва щыпхигъэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке