Статьи на кабардинском языке

Экономикэм зрагъэужь

КIуэкIуэ Казбек хэтащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерст­вэм и коллегием и зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ 2022 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ дяпэкIэ зэ­лэ­жьы­нухэмрэ. 

IУЭХУ ЦIЫКIУФЭКIУУ КЪЫТЩЫХЪУМИ

Гъатхэпэм и 30-р ЩIыр хъумэным и махуэу дуней псом къыщалъытащ. Сыт, атIэ, ар дэ къызэрыдэгъэщIылIар?

АБАЗЭ-АДЫГЭ ЩIЫПIЭЦIЭХЭР

Ди тхыгъэхэм ящыщ зыбжанэм и гугъу щытщIат иджырей Архъызым и Iэхэлъахэм къэрэшейхэр зэрыщитIысыкIам къыхэкIыу, а бгылъэ щIыпIэхэм я тхыдэри фIэщыгъэу зэрахьэхэри а лъэпкъым и закъуэ ирапхыну лъахэхутэ гуэрхэр зэрыхущIэкъум.   

АтIэми, дэ къызэрытлъытэмкIэ, апхуэдэ  бгъэдыхьэкIэм темыкIхэр ипэжыпIэкIэ зэрыщытар зэхэзыгъэкIыну зи щхьэ тезымылъхьэхэрщ.

АДЫГЭ ЩIАЛЭМ И ТЕКIУЭНЫГЪЭХЭР

ЩӀэблэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу, щӀэныгъэфӀ яӀэу къэхъуным зи гуащIэ езыхьэлIэм ар къэзылъхуами къызыхэкIа лъэпкъми Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуещIэ. Япэрауэ, щIэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ зиIэ цӀыху пщэдейрей махуэхэм хуегъэхьэзыр, етIуанэрауэ, лъэпкъым и гъащIэм къыпызыщэ Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIегъэкI.

САХАРЭ

Сахарэр - Африкэ Ищхъэрэм и пшахъуэщIщ. Ар дуней псом и пшахъуэщI нэхъ ин дыдэу къалъытэ. ЩIыпIэм и инагъыр километр зэбгъузэнатIэу мелуани 8,6-рэ мэхъу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, абы Африкэм и процент 30-р еубыд.
А пшахъуэщIыр къэралу щытамэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8,5-рэ хъу Бразилием ебгъапщэ хъунут. Сахарэм зы псыежэхи щыIэкъым, Нилрэ Нигеррэ къищынэмыщIа.

ЩЫГЪУПЩЭХ

ГушыIэ
Лиуанрэ Розэрэ жьы хъуахэр щапIыж унэм щIэст. ТIуми я щхьэгъусэхэр дунейм ехыжауэ я закъуэт. Жьыгъэм къигъэдзыха дадэрэ нанэмрэ гулъытэ ягъафIэрт, зэхуэсакъырт. Шхыным я нэхъ IэфIыр зым адрейм хуригъэкIуэтэкIыу, зэхуэгуапэрт.
Еуэри, махуэ гуэрым, Лиуан тегушхуэри, Розэм жриIащ:
-Розэ, укъыздэкIуэн?
ЗаулкIэ щыма яужь, бзылъхугъэр мащIэу щIэгуфIыкIри:

ЩIЭНЫГЪЭМ КЪЫХУРАДЖЭ

Iимам Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым студентхэм ща­хутепсэлъыхьащ терроризмэм пэщIэтын зэры­хуейм. Зэхуэсыр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэ­пэ­щат, «КъБР-м экстремизмэмрэ тер­­ро­ризмэмрэ щыпэщIэтын» къэрал щIыналъэ программэм хыхьэу.

«НАЛШЫК НАСЫПЫМ И ДАМЫГЪЭЩ»

Налшык къалэм гъатхэпэм и 25-м ще­кIуэкIащ макъамэмрэ къафэмкIэ IX лъэп­къ­хэм зэдай зэпеуэ, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зыфIащар. Зэхыхьэ дахэр къы­зэрагъэпэщащ ди щIыналъэм и цIэр дуней псом фIыкIэ щагъэIун, лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр яхъумэн, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэдэ­лэ­жьэ­кIэм зра­гъэужьын папщIэ.

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭР ЕЗЫГЪЭФIАКIУЭ IЭМАЛХЭР

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Iэтащхьэм жиIащ «Урысейм илъэсым и егъэджакIуэ», «Урысейм илъэсым и гъэсакIуэ», «Илъэсым и IэщIагъэлI» урысейпсо зэпеуэхэмрэ щIыналъэ Iыхьэхэмрэ щытекIуэхэмрэ увыпIэфI къыщызыхьхэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр иратыну Унафэ зэрищIар. 

УСЭ ЗЫЩIЫГЪУ ГЪАТХЭ!

Гъатхэмрэ усыгъэмрэ зэ­Iэпэгъущ. Дунейр къо­щIэращIэ, псэщIэ къыхохьэ, зэпхыдэIукIыурэ макъ щIэ­щыгъуэхэр къегъуэт. А макъым псалъэу хохьэ усыгъэр! Мис а дунейм гур ­щопсэху, щопIейтей, що­гъагъэ! Гъатхэмрэ усэмрэ зэщIыгъумэ - къаруущIэщ. Абыхэм цIыхупсэр къы­хуагъэуш псэуным, дзыхами гугъэ иратыжыф.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке