ЩЫГЪУПЩЭХ

ГушыIэ
Лиуанрэ Розэрэ жьы хъуахэр щапIыж унэм щIэст. ТIуми я щхьэгъусэхэр дунейм ехыжауэ я закъуэт. Жьыгъэм къигъэдзыха дадэрэ нанэмрэ гулъытэ ягъафIэрт, зэхуэсакъырт. Шхыным я нэхъ IэфIыр зым адрейм хуригъэкIуэтэкIыу, зэхуэгуапэрт.
Еуэри, махуэ гуэрым, Лиуан тегушхуэри, Розэм жриIащ:
-Розэ, укъыздэкIуэн?
ЗаулкIэ щыма яужь, бзылъхугъэр мащIэу щIэгуфIыкIри:
- Сыарэзыщ, сыарэзыпсщ, - къитыжащ жэуап.
Пщыхьэщхьэшхэ нэужьым ахэр иджыри заулкIэ зэбгъэдэсыжри, щхьэж и пэшым щIыхьэжащ.
Лиуан нэху къекIащ зыгуэр щхьэкIэ гузавэу .
Абы къыхуэгубзыгъыжыртэкъым Розэ кърита жэуапыр. «Сыарэзыщ»,- жиIат, хьэмэ, «Хьэуэ, ар хъунукъым» - къыжриIат. Узэгуэпынумэ, къеблагъэ. Дауэ имыщIами, къыхуэщIэжакъым щыгъупщэх хъуа лIыжь цIыкIум.
КъызэрыригъэкIунури имыщIэу, гузавэу абы телефоныр къищтэри, Розэ деж псэлъащ.
Абы япэщIыкIэ бзылъхугъэм къыгуригъэIуащ щыгъупщэх зэрыхъуар, а узым и зэран къызэрекIыр. ИтIанэ дыгъуэпшыхь зэгъусэу зэманыр дахэу зэрагъэкIуар, ар и гум IэфIу къызэринэжам тепсэлъыхьащ. Иужьым, къарууэ иIэр зэхилъхьэри, еупщIащ:
- Розэ, къыздэкIуэ щыбжесIам, арэзы ухъуат, хьэмэ?
- Дауи! Сытым хуэдэу сыщыгуфIыкIа къызжепIам.
Лиуан и гур псэхужауэ хуиту къэбэуэжащ. Розэ и псалъэхэм пещэ:
- Сыту фIыт уэ езым къызэрыпщIар, нышэдибэ лъандэрэ согупсысри, «къыздэкIуэ» къызжезыIар къысхуэщIэжыртэкъым.
Гольдин Владимир.

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.