Iимам Абу-Хьэнифэ и цIэр зезыхьэ Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым студентхэм щахутепсэлъыхьащ терроризмэм пэщIэтын зэрыхуейм. Зэхуэсыр КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщат, «КъБР-м экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щыпэщIэтын» къэрал щIыналъэ программэм хыхьэу.
Абы хэтащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Жамболэт, Кавказ Ищхъэрэ Ислъам университетым и проректор Шыбзыхъуэ Мурат, КъБР-м ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Мысыр Хъызыр, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм къулыкъу щыщIэным къыпэрыкIыжа офицерхэм я «Мегапир» лъэпкъ зэгухьэныгъэм КъБР-м щиIэ къудамэм и унафэщI Аттаев Жашарбэч, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм я ветеранхэм я щIыналъэ, жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Пыхъ МуIэед, дин лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ экстремизмэр къызэрыунэхуа щIыкIэми мы зэманым дуней псом щекIуэкI политикэр зыхуэдэми.
Гергоков Жамболэт жиIащ иужьрей илъэс зыбжанэм университетым щIэх-щIэхыурэ «стIол хъурейхэр» зэрыщрагъэкIуэкIыр, щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм, гупсысэ мыхъумыщIэхэм ахэр щыхъумэным, терроризмэмрэ экстремизмэмрэ зэрыпэщIэтыпхъэ Iэмалхэм теухуауэ.
- Мы Iуэхур Ислъам университетым къызэрыщызэдгъэпэщым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Нобэрей ди студентхэр мыгувэу мэжджытхэм увынущ, ахэр цIыху куэдым ядэлэжьэнущ. Абы къыхэкIыу я щIэныгъэм дегугъун, ахэр дунэтIын хуейщ, цIыхубэм гупсысэ тэмэм хахьэн щхьэкIэ, - жиIащ Гергоковым. - Мы зэманым языныкъуэ хамэ къэралхэм Iэмал псори къагъэсэбэп хабзэм къемызэгъ Iуэхугъуэхэм ди щIалэгъуалэр драгъэгъэхьэхын, цIыхухэр къыхураджэн папщIэ. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым щIэныгъэншагъэм гугъуехьу хъуам я нэхъыбэр къызэрыхэкIыр. Нобэ дыщызэIущIа еджапIэр дэIэпыкъуэгъуфI хъуну къыдолъытэ республикэм и жылагъуэ-политикэ зэпIэзэрытыныгъэм лъабжьэ хуэхъу Iуэхухэр гъэкIуэтэнымкIэ.
Гергоковым дыщIигъуащ иужьрей илъэсищым университетым апхуэдэ Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ зэрыщрагъэкIуэкIар. ЩIалэгъуалэр зэпымыууэ хэтщ республикэм къыщызэрагъэпэщ дин, жылагъуэ Iуэхухэм.
Абы къыхигъэщащ мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым дин зыIыгъхэм я щIэныгъэм хагъэхъуэным, адэкIэ лэжьэным теухуауэ Iэмал псори щIыналъэм зэрыщагъуэтыр.
Аттаев Жашарбек жиIащ щIэныгъэм хуэпабгъэ, диным зыхэзыгъэгъуазэ щIалэгъуалэм зэраIущIар зэригуапэр. Абы студентхэм яжриIащ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ абы пэщIэщIэгъухэмрэ дзэ IуэхукIэ Урысейм къызэрыпэщIэувэм къыдэкIуэу, лъэпкъхэр зэпэщIигъэувэну зэрыхэтым зэригъэгузавэр. «Ар дэтхэнэми къыдгурыIуэу, экстремизмэм епха псоми дыпэщIэувэн хуейщ, ди хуитыныгъэхэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ зэран хуэдмыгъэхъуу. Ди щIалэгъуалэр и пэкIэ плъэфу егъэсэн, щапхъэ зытрахын егъэлъагъун хуейщ. Зэман гугъу къытпэщылъми, дызэрызэкъуэувэм елъытауэ щытынущ ди къэкIуэнур», - къыхигъэщащ абы.
ЗэIущIэм студентхэр къыщыхураджащ щIэныгъэр Iэпэдэгъэлэл ямыщIыну, заужьыну.
БАГЪЭТЫР Луизэ.