«НАЛШЫК НАСЫПЫМ И ДАМЫГЪЭЩ»

Налшык къалэм гъатхэпэм и 25-м ще­кIуэкIащ макъамэмрэ къафэмкIэ IX лъэп­къ­хэм зэдай зэпеуэ, «Налшык насыпым и дамыгъэщ» зыфIащар. Зэхыхьэ дахэр къы­зэрагъэпэщащ ди щIыналъэм и цIэр дуней псом фIыкIэ щагъэIун, лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр, цIыхухэм я зэхуаку дэлъ зэныбжьэгъугъэр яхъумэн, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм я зэдэ­лэ­жьэ­кIэм зра­гъэужьын папщIэ.

КъызэгъэпэщакIуэ комитетым и уна­фэщI, Дунейпсо, Урысейпсо Арткомитетхэм я вице-президент, ТворчествэхэмкIэ Кавка­зым и Академием и президент, ЩIДАА-м, РАЕН-м, ТворчествэхэмкIэ Дунейпсо Академием я академик, Кавказым и республикэ псоми щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Урысейм и «Золо­той орёл» литературэ саугъэтым и лауреат Бейтыгъуэн Iэуес жиIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зыхэт Iуэху гуапэр илъэс ебгъуанэ ­хъуауэ зэрырагъэкIуэкIыр, мыпхуэдэ зэхыхьэ щIэщыгъуэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, щIэб­лэм зэрылъытэ яку дэлъу, Хэкур фIыуэ ялъагъуу, зым адрейм пщIэ хуищIу къэгъэхъунымкIэ зэрысэбэпыр.
Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Абхъаз, Шэшэн, Дагъыстэн республикэхэм, Ставрополь крайм, Москва областым, Сочэ къалэм, Тыркум щыщ цIыху 400 хэтащ мы Iуэхум. Ди щIыналъэм исхэмрэ хьэщIэхэмрэ я зэфIэкI щеплъыжащ къафэм, уэрэд жыIэным, макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэным, усэ, прозэ къеджэным.
- Дунейпсо, Урысейпсо Арткомитетхэр зэ­рылажьэ пIалъэм къриубыдэу я кIуапIэ къэтщIащ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр зыгъэбыдэ Iэмалхэмрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэхэмрэ. Ди IуэхущIапIэм дунейпсо, урысейпсо, щIыналъэпсо проект инхэр къызэригъэпэщащ. Апхуэдэщ «Налшык – насыпым и дамыгъэщ» Iуэхури, - къыхигъэщащ Бейтыгъуэным. – Къэ­рал властым и органхэм, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм жы­джэру дадолажьэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм, къэралым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэтщIын папщIэ.
КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым гъатхэпэм и 26-м къыщызэрагъэпэща кIэух концертым щагъэлъэпIащ зэхьэзэхуэм щы­те­кIуа­хэр. Абы щаIэт текIуа­хэмрэ къыхэжа­ны­кIахэмрэ. «Налшык – на­сыпым и дамыгъэщ» зэпеуэм и Гран-при саугъэтыр хуа­гъэфэщащ адыгэ къафэхэмкIэ «Шапсугия» цIыхубэ ансамблым (Сочэ къалэ). Художественнэ уна­фэщIыр Тэрчокъуэ Быбэщ.
Республикэм щыпсэухэм къадэкIуэу, хамэ щIыпIэхэм къикIа хьэщIэхэри куэду зэрызэхуэсар гуапэт. ГъэщIэгъуэнт, щIэщыгъуэт лъэпкъ къафэхэм, фащэхэм я дахагъэм укIэлъып­лъыну. КъыпхуэмыIуэтэну удэзыхьэхт дэтхэнэ зы лъэпкъми и къэфэкIэр. Сыт щыгъуи хуэ­дэу, зыхэпщIэрт къафэр бзэ зэрыхуэмыны­къуэр. Ди республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэхэми фестивалыр ягъэбжьыфIащ. Абыхэм хьэщIэхэм фIыщIэ ­хуа­щIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI фес­т­ивалым хэтыну, я щэнхабзэ хъугъуэ­­фIыгъуэхэр, къафэ гъуазджэр ягъэлъэгъуэну къызэрытхуеблэгъам папщIэ. Зэхьэзэхуэм хэтахэми фIыщIэ хуащIащ ар зэхэзыублахэм гуапэу зэрырагъэблэгъам, гукъинэжу зэрагъэхьэщIам, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм, хабзэм зыхагъэгъуэзэну, щIыуэпс дахэ, къулей зиIэ, гуапагъэр зэбэкI цIыхухэр щыпсэу Налшык къалэм зыщаплъыхьыну Iэмал зэраIам папщIэ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 16:53

ГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ МЫ УЭСЫР

Американ щIэныгъэлI Либбрехт Кеннет уэс налъэхэм я тхыпхъэ 35-рэ къибжащ. Японием щыщ профессор Никайя Укихиро тхыпхъэ 4-рэ щыIэу жеIэ.

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.