ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭР ЕЗЫГЪЭФIАКIУЭ IЭМАЛХЭР

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ республикэм ит егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм я зэхуэсым. ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Iэтащхьэм жиIащ «Урысейм илъэсым и егъэджакIуэ», «Урысейм илъэсым и гъэсакIуэ», «Илъэсым и IэщIагъэлI» урысейпсо зэпеуэхэмрэ щIыналъэ Iыхьэхэмрэ щытекIуэхэмрэ увыпIэфI къыщызыхьхэмрэ КъБР-м и Iэтащхьэм и саугъэтыр иратыну Унафэ зэрищIар. 

Саугъэтхэр мы гъэм щыщIэдзауэ ятынущ. ТекIуэм - сом мин 200, увыпIэфI къэзыхьым сом мини 100 хуагъэфэщэ­-ну яубзыхуащ.
«Мы IэщIагъэм щIалэгъуалэ нэхъыбэ дегъэхьэхыным и Iуэхуи зыдохуэ», - жиIащ КIуэкIуэм. Апхуэдэуи къыхигъэщащ унэтIакIуэхэр дяпэкIэ нэхъ жы­джэру жылагъуэм хэтын зэрыхуейр. «Дызэрыт илъэсыр ГъэсакIуэмрэ унэ­тIакIуэмрэ яхухэхауэ зэрыщытым къы­хэкIыу, Пэрытхэм я зэгухьэныгъэм унэ­тIакIуэу сыхыхьэну мурад сщIащ», - дыщIигъуащ Iэтащхьэм икIи къулыкъущIэхэр къыхуриджащ апхуэдэ щапхъэр гъуазэ ящIыну. Абы ипкъ иткIэ, дяпэкIэ къулыкъущIэхэр школхэм дэлэжьэну ­къалэн щащIынущ. 
КIуэкIуэ Казбек фIыщIэ яхуищIащ зэхуэсым хэта, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием Егъэджэныгъэм зегъэужьынымкIэ къалэнхэр убзыхуным телажьэ институтым и унафэщI Сухае­-вэ Татьянэ, академием Педагогикэ егъэ­джэныгъэм зегъэужьынымкIэ и цент­рым и Iэтащхьэ Врублёвксая Еленэ сы­мэ. 
Зэхуэсым кърихьэлIахэм захуигъазэу, республикэ Iэтащхьэм жиIащ: «Нобэ мы зэIущIэм хэтхэр махуэ къэс егъэджэ­ныгъэ IэнатIэм пэрыт цIыху жыджэрхэращ. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ иIэщ дэтхэнэ зы унагъуэм дежкIи. Гугъуехь куэд къыкъокI, хэкIыпIэр икIэщIыпIэкIэ къэгъуэтын хуейуэ. Урысей Федерацэм и Президентым къыхилъхьа лъэпкъ проектхэр дгъэзащIэкIэрэ, дэ ехъулIэныгъэ куэд зыIэрыдгъэхьащ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэщIэхэр духуащ, иджыри ­школыщIэхэр ящI. 2023 - 2024 гъэ еджэгъуэм ди республикэм еджапIищым я бжэхэр къыщызэIуахынущ. Мы гъэм школи 7-м я ухуэныгъэр икIэм нагъэсынущ, зыхуей хуагъэзэжынущ еджапIэ 40. 2019 гъэм къыщыщIэдзауэ 2025 гъэ пщIондэ ди хэгъэгум школыщIэу 23-рэ итынущ, 60-р зыхуей хуэзэу къагъэ­щIэрэщIэнущ. Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр щызыIэрыдгъэхьэн хуейщ егъэ­джэ­ныгъэм и адрей лъэныкъуэхэми: Iуэху­хэр зегъэкIуэн, лэжьакIуэхэр гъэ­хьэ­зы­рын, методикэ Iуэхур къызэгъэпэщын, улахуэр хэгъэхъуэн. А псоми къарикIуэ­-ну дызыщыгугъыр дэтхэнэ сабийми щIэныгъэ зригъэгъуэтыну Iэмал еты­нырщ». 
Iэтащхьэм зи гугъу ищIахэм ящыщу гулъытэ нэхъыбэ зыхуэщIыпхъэу къыхигъэщар егъэджакIуэхэм защIэгъэкъуэ­нырщ. Абы и унафэкIэ иужьрей илъэсхэм республикэм улахуэр щыхагъэ­хъуащ, къуажэ школхэм щыIэу IэщIагъэ нэхъ зэпэубыдахэм пэрытхэм я улахуэм иджыри худыщIагъуащ, олимпиадэхэм зи еджакIуэ щытекIуэхэм саугъэтхэр ирату зэтраублащ. 
КIуэкIуэ Казбек зэхуэсым хэт еджапIэ унафэщIхэм IуэхуфIхэр къадэхъуну ­ехъуэхъуащ. 
КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор утыку ­кърихьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм зэ­рызиужьыпхъэ Iэмалхэр. ЗэIущIэм хэтхэр тепсэлъыхьащ егъэджэныгъэм, щIэ­ныгъэм, гъэсэныгъэм епха лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу къызэрызэгъэпэщыпхъэм. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.