Статьи на кабардинском языке

ТХЫЛЪ ЦIЭРЫIУЭ ЗЫБЖАНЭ

Гиннессым и рекордхэм я Тхылъыр

Гиннессым и дунейпсо рекордхэм я тхылъым и цIэр хэт зэхэзымыхар! Ауэ, дуней псом къыщыхъу рекордхэр зэхуэпхьэсурэ Тхылъым иптхэн гупсысэ гъэщIэгъуэным къежьапIэ хуэхъуар куэдым къыбжаIэфыну къыщIэкIынукъым. Нэхъ гъэщIэгъуэныжращи, пивэ цIэрыIуэм и маркэмрэ рекордхэм я тхылъымрэ сыту пIэрэ зэхуаIуэхур?

ИНТЕРНЕТЫМ ДЫКЪЫЩОДЖЭ

Кхъузанищ

- ПщIэрэ уи цIыхугъэм уэр щхьэкIэ жиIар? – хуэтхьэусыхэну къригъэжьащ зыгуэр лIы Iущ гуэрым.

- Зэ догуэ! – къигъэувыIэжащ ар модрейм. – Иджыпсту къызжепIэну зыбгъэхьэзырар кхъузанищым щIэгъэпщ.

- Сыт кхъузанищым къибгъэкIыр?

ЩIЭБЛЭМ ГЪУЭГУ ЕЗЫТ

Аруан щIыналъэм хыхьэ Аруан (Мысостей) къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщI Зыхьэ Оксанэ хъыбар къызэритамкIэ, цIыхухэм я нэгузегъэужьыпIэу, зыузэщIыпIэу щыт унэм зэзыгъэпэщыж икIи къэзыгъэщIэрэщIэж лэжьыгъэхэр мы махуэхэм щызэфIэкIащ.

ГУАЩЭХУЖЬ

ХьэтIохъущокъуэ Беслъэн, пащтыхьым и дзэпщхэм емызэгъ щыхъум, Къэбэрдейр ибгынэри, Псыжь зэпрыкIащ. Абазэхэхэм яхэтIысхьэри, пащтыхьым и дзэм куэдрэ къезэуащ. Абазэхэхэм илъэсищкIэ ядэзэуауэ, Беслъэн Уарп деж тIысащ, бгым къикIыжри. 

КЪУРШЫМ КЪЕХ ЯТIЭПСЫР КЪЫЗЫХЭКIЫМРЭ АБЫ ЗЭРЫЗЫЩЫПХЪУМЭНУ IЭМАЛХЭМРЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъатхэ къэс щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щIыуэпс насыпыншагъэхэр къыщохъу ятIэпс къехым епхауэ. Абыхэм, ди жагъуэ зэрыхъунщи, цIыхухэр щыхэкIуадэ щыIэщ, гъуэгухэр зэхекъутэ, гужьеигъуэ урегъэувэ. Абы ипкъ иткIэ, упщIэ къоув: сыт къуршым къех ятIэпсыр зищIысыр, дэнэ ар къыздикIыр, сыт хуэдэ IэмалкIэ зыщыпхъумэфыну?

Анэдэлъхубзэхэм ятегъэщIауэ

ЕгъэджакIуэмрэ унэтIа­кIуэмрэ я илъэсым хыхьэу икIи Анэдэлъхубзэхэм я ­дунейпсо махуэм ирихьэлIэу Бахъсэн щIыналъэм иджыб­лагъэ хэгъэгупсо зэ­Iу­щIэшхуэ щекIуэкIащ.

Килиманджарэ адыгэ кхъуей щыхех

Мы махуэхэм интернетым щызэIэпах Африкэ континентым и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Килиманджарэ адыгэ кхъуей щыхэзыха щIалэм и сурэтхэмрэ видеохэмрэ. Куэ­дым яфIэтелъыджэщ абы кхъуей щыхэпхыныр къэ­гъэнауэ, дэпхьеиныр зэ­рыгугъум къыхэкIыу, щIалэм ар зэрыхузэфIэкIар.

ЛАБЭ

КъухьэпIэ Кавказым и псы нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и лъабжьэхэм Лабэшхуэрэ Лабэ ЦIыкIуу къыщожьэ. 
Телъыджэщ, ауэ Лабэ и къуэпс псоми щIыгуу зыщытраугуэшар Къэбэрдей-Балъкъэрым иIыгъым хуэдизщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, километр зэбгъузэнатIэ мин 12-рэ 500-м ноблагъэ.

IУЩХЭМРЭ IУЩЫЦЭХЭМРЭ ЗОХЬЭЗЭХУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Сабий зэчиифIэхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я уардэунэм иджыблагъэ «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зи фIэщыгъэ щIэныгъэ-егъэджэныгъэ хэдэрыхэш зэхьэзэхуэм и IX хэгъэгупсо зэхыхьэгъуэм и бжьыгъуэ зэфIэхь ныкъуэр щекIуэкIащ, кърикIуахэри наIуэ щащIащ.

ЭВЕРЕСТ НЭХЪРЭ НЭХЪ ЛЪАГЭЩ

Эверест (Джомолунгмэ) нэхъ бгы лъагэ дуней псом темыту жиIэнущ хэт уемыупщIми. Курыт еджапIэм къыщIэтха щIэныгъэмкIэ аращ и пэжыпIэри. Ауэ куэдым ящIэркъым абы нэхърэ куэдкIэ нэхъ ин, километри 10-м щIигъу зи лъагагъ бгы абрагъуэ Гавайи зэрыщыIэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке