АДЫГЭ ЩIАЛЭМ И ТЕКIУЭНЫГЪЭХЭР

ЩӀэблэм гъэсэныгъэ дахэ яхэлъу, щӀэныгъэфӀ яӀэу къэхъуным зи гуащIэ езыхьэлIэм ар къэзылъхуами къызыхэкIа лъэпкъми Iуэхутхьэбзэшхуэ яхуещIэ. Япэрауэ, щIэныгъэрэ зэхэщIыкIрэ зиIэ цӀыху пщэдейрей махуэхэм хуегъэхьэзыр, етIуанэрауэ, лъэпкъым и гъащIэм къыпызыщэ Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIегъэкI. Ди щIыналъэм курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и еджапIэхэм мы иужьрей илъэсхэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI егъэджакIуэм и Ӏэзагъэм хэгъэхъуэным хуэгъэзауэ, апхуэдэ дыдэуи мащIэкъым щызэфIахыр лъэпкъ гупсысэ зиIэ цIыху гъэсэным хуэунэтIауэ. Анэдэлъхубзэр зыIурылъ, хэгъэгум щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэр зыщIэ щIалэгъуалэр дунеишхуэм хузэIухауэ зэрыщытынур, цIыхур зыщыщрэ зэрихьэ динкIэ зэхидз зэрымыхъунур гъащIэми щыIэ щытыкIэми нахуэ ищIащ. Ар щумылъагъункIэ Iэмал иIакъым иджыблагъэ Бахъсэн щIыналъэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэми.

«Илъэсым и егъэджакIуэ – 2023» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр мы махуэхэм Бахъсэн щIыналъэм щекIуэкIащ. Къыхэгъэщын хуейщ абы щIэупщIэшхуэ зэриIар, зи зэфIэкIрэ лъэкIыныгъэкIэ утыку къихьа егъэджакIуэхэм къищынэмыщIауэ, абы кIэлъыплъыну хуейхэм, кърикIуар зэзыгъэщIэну хущIэкъухэм я бжыгъэр зэрымымащIар. «ЕгъэджакIуэ нэхъыфI» цIэм щIэбэнащ цIыху пщыкIубл – дэтхэнэри и Iуэхум хуэIэижьрэ игъэхьэзыра дерсымкIэ щIэныгъэшхуэ игъэлъагъуэу.
А зэхьэзэхуэм и къалэн нэхъыщхьэм хыхьэр егъэджакIуэм и IэщIагъэм зэрыхищIыкIыр, зыхэт сабийхэм ярит есэныгъэхэр еджэныгъэ мардэхэм зэратехуэр утыку къэщIыным и закъуэкъым. Абы къыдэкIуэу егъэджакIуэм и щIэныгъэм гъунапкъэ зэримыIэр, щIэм хузэIухауэ зэрыщытыр, джэгукIэ Iэмалхэмрэ иджырей технологиехэмрэ и лэжьыгъэм хипщэну зэрыхьэзырыр къэгъэнэIуэнри Iэмалыншэхэм ящыщщ. Зэпеуэм къелъыхъуэ зэи ямылъэгъуа Iуэху щIэкIэхэр, зи щIэщыгъуэр куэдрэ имыкIыну методикэ бгъэдыхьэкIэщIэхэр.
ЩIыналъэ Iыхьэр гъэунэхугъуиплIу зэхэтащ: «Медиащыхьэтыгъэ», «Дерс», «Дерс дамэдазэ», «Гъэсэныгъэ къэхъукъащIэхэр» жиIэу. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, дэтхэнэ зы гъэунэхуныгъэри лэжьыгъэшхуэ зэщIэкIа Iуэхугъуэщ. Зэпеуэм хэтахэм ящыщу зи утыку итыкIэрэ зи методикэ лэжьыгъэм и зэкIэлъыкIуэкIэкIэ къэпщытакIуэхэм нэхъыфIу къалъытар Кыщпэч (Тыжьей) къуажэм дэт, КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм тхыдэмрэ обществознаниемкIэ и егъэджакIуэ Щауэ Азэмэтщ.
ХьэтIохъущыкъуей щIалэщIэм еджапIэм лэжьэн зэрыщыщIидзэрэ куэд щIакъым – илъэсищ къудейщ зэрыхъур. Ауэ а пIалъэ кIэщIым къриубыдэу абы хузэфIэкIащ и цIыхугъэрэ щIэныгъэкIэ и лэжьэгъухэр къихьэхун, и гуапагъэрэ нэжэгужагъэкIэ еджакIуэ цIыкIухэми ягу дыхьэн. Абы сабийхэм яригъэдж дерсхэм лъагъуныгъэ яхуригъэщIым къыщыувыIэркъым, атIэ щхьэж и Iуэху еплъыкIэрэ гупсысэкIэкIэ ахэр зэрегъэпсалъэ, зэдегъэуэршэр, уеблэмэ щызэригъэныкъуэкъу къыхуохуэ. Арыххэуи, еджэныгъэмкIэ сабийхэм яIэн хуей есэныгъэхэм къищынэмыщIауэ, абыхэм я цIыхущхьэм зезыгъэужь есэныгъэхэри яхелъхьэ. Щауэ Азэмэт къызэрилъытэмкIэ, сыт хуэдэ щIэныгъэми и фIагъым щыхэхъуэр ар зэзыгъэгъуэтым езым и еплъыкIэрэ гупсысэкIэрэ а Iуэхум къигъэушу щытмэщ. Сабийр хуит зыщI, зымыкъуз методикэ Iэмалыр иджырей еджэныгъэм кIуэ пэтми тепщэ щыхъу бгъэдыхьэкIэхэм ящыщщи, ар щIалэщIэм зэригъэIэкIуэлъакIуэм ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым.
Апхуэдэу Щауэ Азэмэт Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрми щолажьэ, археологием дехьэх, илъэс къэс ирагъэкIуэкI щIытI зекIуэхэм хохьэ. Абдеж щилъагъури и нэгу щыщIэкIри егъэджэныгъэ IэнатIэм къызэрыщыхуэщхьэпэжми шэч хэлъкъым.
Щауэ Азэмэт еджапIэм щӀэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIщ, щIэх-щIэхыурэ музей дерсхэр ирегъэкIуэкI. Къыхэгъэщын хуейщ курыт еджапIэм и музейр щIыналъэм и мызакъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъыфI дыдэхэм зэращыщыр, ар къызыхуэт щымыIэу зэрызэгъэпэщар. Музей дерсхэм я мыхьэнэр къызэрымыкIуэу инщ сабийхэм зыщIэдэIу Iуэхугъуэхэр нахуэ ящыхъуным теухуауэ. Сыхьэт бжыгъэр сыт щыгъуи къызэмэщIэкI егъэджакIуэхэм апхуэдэ Iэмалыр я лэжьыгъэм куэдрэ къыщагъэсэбэпыфыркъым, ауэ егъэджакIуэ щIалэм абы зэман къызэрыхуигъуэтыфри, Iэмалыншэу егъэщIэн хуейм ар гуэдзэ зэрыхуищIыфри куэд и уасэщ.
«ФIыуэ слъагъу IэнатIэм сыпэрытщи, сэр нэхърэ нэхъ насыпыфIэ щымыIэу къысщохъуж. Сэ Iэмал сиIэщ тхыдэм и щэхухэр къэстIэщIыну, а къыщIэзгъэщыфахэр сабиипсэм деж нэсхьэсу и лъапIагъ псори захезгъэщIэну, зыми хуэзмыгъадэ дерсми лъагъуныгъэ хуезгъэщIыну», – жеIэ Бахъсэн щIыналъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI дыдэу мы гъэм къалъыта Щауэ Азэмэт.
Егъэджэныгъэри щIэныгъэри зи зэхуэдэ адыгэ щIалэм и ехъулIэныгъэхэр нэхъыбэ хъуну, и зэфIэкIхэм хэхъуэу адэкIэ къыпэщылъ зэпеуэхэми къыщыхэжаныкIыну ди гуапэщ.
 

Тхыгъэри сурэтри зейр ШУРДЫМ Динэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.10.2024 - 09:17

ФIым я фIыжхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIа, зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм щIыхьыцIэхэмрэ къэрал дамыгъэ лъапIэхэмрэ яритыжащ Къэбэрдей-

03.10.2024 - 09:15

IэпщIэлъапщIагъэм драгъэхьэхыж

ШыщхьэуIум и 29-м «КьБР-м­ и муниципальнэ щIы­на­лъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм ­(КъБР-м и ­АСМО) и прав­ленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим я зи чэзу зэIущIэр ­КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ.

03.10.2024 - 09:13

Куэд зыщIэ куэд хузэфIокI

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык дэтым зэIущIэ гуа­пэ щекIуэкIащ.

03.10.2024 - 09:12

Каринэ и медаль

Урысей Федерацэм и еджа­кIуэхэм дзюдомкIэ я 7-нэ Гъэмахуэ спартакиадэу иджыблагъэ Армавир къалэм щекIуэкIам и иужьрей махуэм Хъуран Каринэ Къэ­бэрдей-Балъкърым иджы­ри зы медаль къыхуихьащ.

02.10.2024 - 17:04

Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум

Къэбэрдей-Балъкъэрым тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ укъыщыхуэплъэкIэ, аранэхэм (къуршыщхьэхэм) кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, Хъу