Статьи на кабардинском языке

ЦIЫХУХЭМ ЯЩIЭР ТФIЭГЪЭЩIЭГЪУЭНЩ

Илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым иIащ «Хэт сытым елэжьрэ?» зи фIэщыгъэ рубрикэ. Абы дэ я гугъу щытщIырт творческэ цIыху­хэм, псом хуэмыдэжу тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ящIэ-ялэжьым, абыхэм я къалэмыр къызыхуащтэм, щIэщы­гъуэу зэман гъунэгъум дунейм къы­техьэну дызыпэплъэ хъунухэм.

Мэкъумэш IэнатIэр къапщытэ

2023 гъэм республикэм щекIуэкIыну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрызыхуагъэ­хьэзырым щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым къызэригъэпэща зэIущIэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, пIалъэр къэса нэужь, а Iуэхур депутатхэм комитетым щызэпкърах. 

Ди лъэпкъэгъухэр дэни щызэкъуегъэувэ

«Трек» хьэщIэщым щагъэ­лъэпIащ Адыгэбзэмрэ адыгэ тхыбзэмрэ я махуэм ирихьэлIэу Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм мы гъэм етхуанэу гъатхэпэм и 14-м иригъэкIуэкIа «Адыгэ Iуэрытх-2023» Iуэху дахэм къыхэжаныкIа егъэджакIуэхэр, еджакIуэхэр, нэгъуэщI IэнатIэхэм щыла­жьэ­хэр. Ар хуэгъэпсащ ди лъэп­къыбзэр хъумэным, абы и пщIэр къэIэтыным, зегъэу­жьыным, нэхъри егъэфIэ­кIуэ­ным.

Инчы Иринэ: Ядэслъагъур цIыхугъэщ, гуапагъэщ

Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Инчы Иринэ Къэралбий и пхъур Тыркум и Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм щолажьэ. КъБКъУ-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэ и институтым Адыгэбзэмрэ балъкъэ­рыб­зэм­­­рэ егъэджэнымкIэ, тео­риемрэ методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу щытащ Иринэ. Адыгэбзэр зэ­рырагъаджэ методикэм куэду телэжьыхьащ.

Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр

«Унагъуэр анэдэлъхубзэм, хабзэм я хъумакIуэщ» фIэ­щыгъэм щIэту гъатхэпэм и ­ 3-м Налшык къалэм щекIуэ-кIа республикэ зэпеуэм («АП» №27) Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Къэрэгъэш къуажэм щыщ Хьэмдэхъухэ я унагъуэ дахэр щытекIуащ. 

Анэдэлъхубзэм и къарур

Адыгэ усакIуэ, драматург, тхакIуэ, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ Урысей Федерацэм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьынымкIэ программэм щыубзыхуа Iуэхухэм щигъэгъуазэу иджыблагъэ щыIащ Кубэмрэ Индиемрэ. Абы и литературэ зекIуэхэм гупсысэ гъэщIэгъуэн куэди мурадыщIэхэри кърикIуащ.

«Уэрэд гунэсхэр»

А фIэщыгъэм щIэту ­къа­фэмрэ уэрэдымкIэ «Амикс» гупым концерт-уэршэр пшыхьхэр Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал уни­верситетым щригъэ­жьащ.

Iэгъэбэгу абрагъуэхэр

Iуащхьэмахуэ и Iэгъуэблагъэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ мывэм къыхэщIыкIа Iэгъэбэгу абра­гъуэхэр зытет тафэр. 

ТХАБ – ТХЬЭБЭ - ТХЫБЭ

А цIэр зэрехьэ Геленджик («Хъулъыжъый», зэпкърыпхмэ: «хъулъэ» - хъупIэ, «жъый» - цIыкIу) къалэм къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщхьэщыт лъагапIэм. А бгыр хохьэ Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и зы къудамэу къалъытэ Къуацэгъур тхыцIэм.

АтIэми, метр 905-рэ зи лъагагъ Тхыбэ (Тхьэбэ) Iуащхьэжьыр нэгъуэщI псыхъуэ кIэщI цIыкIухэми я къыщIэдзапIэщ, псори къэзэдэтщтэмэ, я къущхьэзэIухуэпхъщ.

КЪАРУУШХУЭ ТЕКIУАДЭМИ

Шэрэдж псыхъуэм лъэныкъуитIымкIи декIуэкI автомобиль зекIуапIэхэр, Урвань (Аруан) – Уштулу федеральнэ мыхьэнэ зиIэмрэ  Старэ Шэрэдж – Жэмтхьэлэ – Сукан-Суу гъуэгумрэ, зэпызыщIэ Iыхьэу ГЭС-хэм я щхьэкIэ щыIэр (километри 2-м щIигъу и кIыхьагъщ) къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыж.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке