Статьи на кабардинском языке

ШЫМ ТЕУХУА ХЪЫБАРХЭР

Шыр Iущщ, уигъэгъуэщэнукъым. 1947 гъэр екIуэкIырт. Зеки и шыпхъум и къуэ Хъери нысащIэ къыхуэтшат. ЩIалэгъуалэм пшынэ зыкIэлъыкIуэ яIэ къыщIэкIынтэкъыми, "Уэ дауэ уанэш?! КIуэи зы пшынэфI къытхуэгъуэт!" жаIэри, сагъэукIытащ. "Хъунщ, хъарзынэщ, ауэ дэнэ къисхын?" щыжысIэм, "ХьэтIохъущыкъуейрэ Жамырзейрэ кIуэ" жаIащ.

УДЗ ГЪЭГЪАХЭМ Я ФЕСТИВАЛЬ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утым фокIадэм и кIэхэм щекIуэкIащ удз гъэгъахэм я V фестивалыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хэгъэгухэм, Ставрополь крайм, Москва къикIа ландшафт дизайнерхэмрэ удз гъэгъахэр зыгъэкIхэмрэ ягъэлъэгъуащ я лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. 

ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ КЪЫХУРАДЖЭ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и ЩIалэгъуалэ советым хэтхэм КъБКъУ-м и медицинэ колледжым и студентхэм драгъэкIуэкIащ наркотикхэкIхэр зэхьэлIэным, игъэкIыным узыхуишэ ныкъусаныгъэм,   узыншэу упсэуным  мыхьэнэшхуэ зэриIэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэ.

МАКЪЫШХУЭ «ЗЭЩIЭГЪУАГЪУЭ»

Иджыблагъэ хьэршыр зыдж щIэныгъэлIхэм щIэи гъуни зимыIэ уахэм «къыхэпсысыкIыу» къахутащ гравитациер къэзыгъэхъу «хысыджхэм» ящыщу, езы еджагъэшхуэхэми зэрыжаIэу, «макъышхуэ зэщIэгъуагъуэ» къэзыгъэщIхэр.

БЛЫН ТЕЛЪЫДЖЭР

Китай Блын Абрагъуэм и фIэщыгъэр китаибзэкIэ зэбдзэкIмэ, «блын кIыхь» жиIэу къокI. Зэман зэхуэмыдэхэм блыным фIэщыгъэ зэмыщхьхэр иIащ. XIX лIэщIыгъуэм абы еджэ хъуащ «Китай Блын абрагъуэкIэ». Блыным и кIыхьагъщ километр мини 9-м нэблагъэ. Уеблэмэ, и къыхэIущIыкIыпIэхэри къэплъытэмэ, километр мин 21,1-м зэрынохьэс. Абы и лъагагъщ метри 10-м нэс.

ЩЭНХАБЗЭМРЭ ГЪУАЗДЖЭМРЭ Я КIЫЩ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, щагъэлъагъуэ «Радуга талантов» выставкэр. Абы ­утыку къыщрахьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэм и егъэджакIуэхэмрэ и гъэсэнхэмрэ я лэжьыгъэхэр.

ЛЪЭПКЪЫМ И КЪЭ­КIУЭНУМ ФIЫКIЭ УЩЕГЪЭГУГЪ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм дэт курыт еджапIэм и 1-нэ, 5-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм Адыгэ фащэм и махуэр дахэу зэрагъэлъэпIам феплъыт. Ар я фIыгъэщ а цIыкIухэм я класс унафэщIхэу ТIымыжь Залинэрэ (1-нэ класс) Хъыдзэ Люсенэрэ (5-нэ класс).

«ЩIЭНЫГЪЭ ЗЭКЪУЭТЫНЫГЪЭМ ФОРТОВ ВЛАДИМИР КЪЫХОЛЫДЫКI»

Егоровэ Татьянэ:

РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым зэIущIэ щекIуэкIащ, академик Фортов Владимир и Iуащхьэ («Пик Фортова») Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэ­ры­щы­зэ­Iуахам теухуауэ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэрэ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ко­митетым и унафэщI Емуз Нинэрэ.

«СЫХУЕЙЩ САБИЙХЭМ САДЭIЭПЫКЪУНУ»

Налшык къалэм и 37-нэ сабий садым и лэжьакIуэ Борэн Аринэ Iуэху щхьэпэ иришэжьащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща зэпеуэм саугъэт къыщихьа нэужь. Ар ядолажьэ я тхьэкIумэм зэхимыхыу къалъхуа, зэрыдаIуэ Iэмэпсымэ зи щхьэм хэлъ сабийхэм.

IЭРЫКI ТЕЛЪЫДЖЭХЭМ Я ДУНЕЙ

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

Налшык дэт Лъэпкъ музейм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн къыщызэIуахащ Адыгэ фащэм и махуэм ирихьэлIэу. Абы утыку къыщрахьащ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ и колледжым, Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм и студентхэм я IэдакъэщIэкIхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке