Статьи на кабардинском языке

ХЬЭРЭ-КХЪУЭРЭ И ПИРАМИДЭХЭР

Кавказ лъэпкъхэр къызытехъукIыжа пасэрей лъэпкъыжьхэм щэху куэд къащIэнауэ нобэм къихьэсащ тхыдэм. Абыхэм ящыщщ псэ унэхэр, пирамидэхэр, сыдж, абрэмывэ телъыджэхэр. 

ТХЬЭ ЗАКЪУЭР ЗИ ФIЭЩ ХЪУА ЯПЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

Тхьэ закъуэр зи фIэщ хъуа Мусэ (Моисей) бегъымбарымрэ Рамзес ЕтIуанэ фирхьэунымрэ я зэхуаку дэлъа зэпэщIэтыныгъэмрэ, джатэдэпщым лъэпкъым къытригъэхьа леймрэ и хъыбар зэхэфхыжауэ къыщIэкIынщ. Ар нобэм къахьэсащ тхылъ лъапIэхэм. Пасэрей мэжусий тхьэ бжыгъэншэхэр IэщIыб ящIу, цIыхухэм зы Тхьэ закъуэр я фIэщ щыхъуа лъэхъэнэрт ар, илъэс 3200-кIэ узэIэбэкIыжмэ. 

АДЫГЭХЭМ (ШЭРДЖЭСХЭМ) Я МАХУЭМ ТРАУХУЭ

КъБКъУ-м и библиотекэм и художественнэ, лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэхэм тхыдэмкIэ кафедрэм и егъэджакIуэхэр ящIыгъуу, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм ирихьэлIэу къыщызэрагъэпэщащ «Адыги: вехи истории» дерс щхьэпэр. Абы хэтащ КъБКъУ-м ДизайнымкIэ и колледжым и 1-нэ курсым, ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурно-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтым и 2-нэ курсым щеджэ студентхэр. 

АРЫКЪ И ГЪУЭГУЩIЭР

Тэрч куейм хыхьэ Арыкъ жылэм километри 2,5-рэ зи кIыхьагъ и автомобиль гъуэгур иджыблагъэ щызэрагъэпэщыжащ, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.

Шынагъуэншагъэр нэхъыщхьэщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкIащ шынагъуэншагъэмкIэ уры­сейпсо тхьэмахуэ зэхуаку Iуэхур. Абы хэтащ Iэпщэрызауэ зэ­хэтымкIэ дуней псом, Урысейм и чемпионхэмрэ школакIуэ щэ бжыгъэхэмрэ. 

Лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ я лъахэ

Мы гъэм илъэс 20 мэхъури, Урыскй Федерацэм ща­гъэ­лъапIэ ГъэсакIуэмрэ школ кIуэгъуэ ныбжьым нэ­мысахэм ядэлажьэ Iэ­щIа­гъэлIхэмрэ я махуэр. Къэ­рал зыужьыныгъэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ  а ­IэнатIэм и щытыкIэм иджы­ри гу лъозыгъатэ махуэшхуэщ ар, сыту жыпIэ­мэ хэкум къихъуэ щIэблэм ябгъэдэлъ гупсы­сэмрэ ­дуней еплъыкIэмрэ, яIэ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ куэд елъытащи.

УзыIэпызышэ зэхэшэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиоте­кэм и лъахэхутэ къудамэм зэхыхьэ гъэ­щIэгъуэн ще­кIуэкIащ. «Гум и макъ» цIэр зезыхьэ клубым хэтхэм ­«Хэкум и жьыху» зыфIаща зэхуэсыр ирырагъэхьэлIащ Адыгэхэм я махуэм. ШколакIуэхэр, абыхэм я егъэджакIуэхэр, тхакIуэхэр зы­хэта зэIущIэр къызэзыгъэ­пэщари езыгъэкIуэкIари а къудамэм и лэжьакIуэ нэхъыжь Безыр Ленэщ.

КъызэрекIуэкIар

ГРИММ ЗЭШХЭР

Гримм зэкъуэшхэр нэмыцэ тхакIуэхэщ, щIэныгъэлIхэщ. Якоб 1785 гъэм, Вильгельм - 1786 - м Ханау къалэм къулыкъущIэ унагъуэм къыщалъхуащ. Езы тIур бынибгъум я нэхъыжьхэт. КъыдэкIуэтея нэужь Кассель щыIэ лицейм, ар къаухри Марбург университетым юристу щеджахэщ. Гриммхэр литературэм дригъэхьэхащ университетым абы щыхуезыгъэджам.

ФОКIАДЭМ И 23-Р ТХЬЭШХУЭГУХЬЭЖЩ

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

ДАНЭР УЗЫНШАГЪЭМКIЭ СЭБЭПЩ

Данэ щэкIыр къыщыунэхуар ирахьэлIэ ди эрэм ипэкIэ 3630 гъэм. Абы щыгъуэ Китайм щагъэхъуу зрагъэсауэ щытащ тутей хьэпIацIэр. Абы щыхьэт техъуэу къалъытащ Китайм къыщагъуэтыжа, хьэдэтепхъуэу къагъэсэбэпауэ щыта данэ щэкIхэр. Хэбгъэзыхьмэ, данэ щэкIыр къагъуэтын ипэжкIи Китайм къыщагъуэтат данэ Iуданэхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке