ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ КЪЫХУРАДЖЭУрысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и ЩIалэгъуалэ советым хэтхэм КъБКъУ-м и медицинэ колледжым и студентхэм драгъэкIуэкIащ наркотикхэкIхэр зэхьэлIэным, игъэкIыным узыхуишэ ныкъусаныгъэм, узыншэу упсэуным мыхьэнэшхуэ зэриIэм теухуа псалъэмакъ щхьэпэ. ЗэIущIэм гулъытэ хэха щыхуащIащ къытщIэхъуэ щIэблэр хьэл мыхъумыщIэхэм пэIэщIэ щIыным, къыхагъэщащ наркотикхэм, фадэм хьэщыкъ зумыгъэщIыныр зэрынэхъыфIыр, абыхэм пыщIа узыфэхэр бгъэхъужыныр зэрынэхъ гугъур. Бахъсэн Азэмэт.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|