Статьи на кабардинском языке

ГЪЭСАКIУЭ, АКТРИСЭ, УЭРЭДЖЫIАКIУЭ

ПIаз (Къагъырмэс) ФатIимэ адыгэбзэм и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, сабий гъэсакIуэщ, актрисэщ, усэ къеджэну, уэрэд жиIэну фIэфIщ, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр ирегъэкIуэкI. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыувэми, анэдэлъхубзэр псом япэ ирегъэщ. Къыщыхъуари щыпсэури Налшыкщ. Бзылъхугъэр и щапхъэщ бзэр фIыуэ плъагъуныр къуажэм е къалэм зэремылъытам. Езым зэрыжиIэмкIэ, ар зэлъытар унагъуэрщ. 

ЩIэныгъэр

ДЫКЪУЭ ДЕЖ

Зы гъэмахуэ гуэрым Дзэгъданыкъуэ дыдэту, мэлхэм ядгъэхъун дымыгъуэтыжыххэу, уэгъу Iей къыдэхъулIэгъат. Сэ Хъупсырокъуэ ТIрэхъу тхьэмыщкIэр си мэлыхъуэ гъусэт, ди мэлхэр зэхэдгъэхьауэ дызэдэпщыIэу. 

ГуфIэгъуэ зэхыхьэ

Урысей гвардием и къудамэ щхьэхуэу Шэджэм районым щыIэм  щекIуэ­кIащ ОМОН-м и махуэр гъэлъэпIэным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Къызэ­хуэсахэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей.

Гъуэгухэр къагъэнэхунущ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хо­зяйствэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм республикэм и щIыпIэ псоми хыхьэ жы­лэхэм километр 66-рэ хуэдиз зи кIыхьагъ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгухэм я гъунэхэм иджырей уэздыгъэхэр щыфIадзэнущ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым дэплъеину къыхураджэ

Къэрал Думэм Унагъуэм, цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ я IуэхухэмкIэ и комитетым и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Буцкая Татьянэрэ депутат Останинэ Нинэрэ УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Кравцов Сергей лъэIу тхылъкIэ зыхуагъэзащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым къыщагъэщхьэпа бзэ егъэджыкIэ Iэмалым къэралым зыщрагъэубгъуну. 

АДЫГЭХЭМ Я МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР

Сыт хуэдэ лъэпкъми езым и дунеймрэ и хьэлымрэ къэзыIуатэ макъамэ иIэжщ. Адыгэ макъамэхэм я зэхэлъыкIэ дахащэр къэзыгъэщIыр Iэмэпсымэ хьэлэмэтыщэхэщ, адрей лъэпкъхэм я Iэмэпсымэхэм емыщхьщ. Макъамэхэр къызрагъэкI Iэмэпсымэхэр я ныбжькIи, лъэкIыныгъэкIи, щIыкIэкIи зэхуэдэкъым, бжыгъэфIи мэхъу. Аращ ди макъамэхэр псоми къыхэзыгъэщхьэхукIыр.

ЛЫШХЫР КЪЫЗЭРАЦIЫХУ ЩЫТЫКIЭХЭР

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и дохутырхэм къраIуащ цIыхубзым и бгъэр лышхым зэриубыдам и нэщэнэ 11. 

ЕГЪЭДЖАКIУЭМ И ПЩIЭ ЛЪАГЭР

Дызэрыщыгъуазэщи, 2023 гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу ди къэралым щагъэуващ. ЕгъэджакIуэм и пщIэр жылагъуэм къыщыIэтыным, абы и гъащIэр лъэныкъуэ куэдкIэ къэгъэлъэгъуэным хуэщIа Iуэхугъуэ купщIафIэ куэд щызэфIах ди республикэм. Абыхэм ящыщщ гъатхэпэм къыхалъхьауэ щыта сурэт зэпеуэ хьэлэмэтыр. Абы кърикIуахэр мы махуэхэм нэрылъагъу щащI Налшык.

ШЫМ ТЕУХУА ХЪЫБАРХЭР

Шыр Iущщ, уигъэгъуэщэнукъым. 1947 гъэр екIуэкIырт. Зеки и шыпхъум и къуэ Хъери нысащIэ къыхуэтшат. ЩIалэгъуалэм пшынэ зыкIэлъыкIуэ яIэ къыщIэкIынтэкъыми, "Уэ дауэ уанэш?! КIуэи зы пшынэфI къытхуэгъуэт!" жаIэри, сагъэукIытащ. "Хъунщ, хъарзынэщ, ауэ дэнэ къисхын?" щыжысIэм, "ХьэтIохъущыкъуейрэ Жамырзейрэ кIуэ" жаIащ.

УДЗ ГЪЭГЪАХЭМ Я ФЕСТИВАЛЬ

Хабзэ зэрыхъуауэ, КъБР-м и Правительствэм и гупэм къит ЗэгурыIуэныгъэм и утым фокIадэм и кIэхэм щекIуэкIащ удз гъэгъахэм я V фестивалыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и хэгъэгухэм, Ставрополь крайм, Москва къикIа ландшафт дизайнерхэмрэ удз гъэгъахэр зыгъэкIхэмрэ ягъэлъэгъуащ я лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке