ЛЪЭПКЪЫМ И КЪЭ­КIУЭНУМ ФIЫКIЭ УЩЕГЪЭГУГЪ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Курп Ипщэ (Ислъэмей) къуажэм дэт курыт еджапIэм и 1-нэ, 5-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэ цIыкIухэм Адыгэ фащэм и махуэр дахэу зэрагъэлъэпIам феплъыт. Ар я фIыгъэщ а цIыкIухэм я класс унафэщIхэу ТIымыжь Залинэрэ (1-нэ класс) Хъыдзэ Люсенэрэ (5-нэ класс). ЦIыкIухэр фащэгъэ­фIэж махуэм  хуэзыгъэхьэ­зырар адыгэбзэмрэ литера­турэм­кIэ я егъэджакIуэ ТIы­мыжь Лацэщ.  Лъэпкъ фащэ­кIэ хуэпа мы цIыкIухэм я анэ­дэлъхубзэр зэрагъэбзэрабзэр  зэхэпха иужь  гурыфIы­гъуэ ин къует, лъэпкъым и къэ­кIуэнум фIыкIэ ущегъэгугъ.
 Шэхур пщтыр щIыкIэ яхуз, щIалэр цIыкIу щIыкIэ ягъасэ!

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.05.2024 - 09:25

БАГЪ ИДАРРЭ БЕКЪУЛ МИЛАНЭРЭ ЕВРОПЭПСО ЗЭПЕУЭМ МАКIУЭ

Сербием и къалащхьэ Белград накъыгъэм и 9 - 12-хэм щекIуэкIынущ Европэм тхэквондомкIэ (ВТФ, Олимп джэгухэм хыхьэмкIэ) и чемпионат.

08.05.2024 - 09:03

ЗИ НАПЭ ЕМЫПЛЪУ ЛЪЭБАКЪУЭ ЗЫМЫЧА

ТхакIуэ, журналист Къудей Владимир илъэс 70 ирокъу

08.05.2024 - 09:02

РАДИОМ И МАХУЭМ ТЕУХУА ТЕЛЕЧЭЩАНЭ ДЖЭГУ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр хэгъэгушхуэм къызэрацIыхуж телечэщанэ цIэрыIуэр Радиом и махуэм ирихьэлIэу нурыбэу къызэщIагъэблэнущ, идз нэхум хэлъ тхыпхъэхэр макъамэрэ уэздыгъэ джэгуу зэхэту яутIыпщынущ.

08.05.2024 - 08:10

ЛIЫГЪЭР ЗЫГЪЭУНЭХУАР

(Нарт тхыдэжь)

07.05.2024 - 09:00

ПШАДЭРЭ ПЩЫЩЭРЭ

«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псалъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэхэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор КI