Статьи на кабардинском языке

ФОКIАДЭМ И 23-Р ТХЬЭШХУЭГУХЬЭЖЩ

Нобэ Тхьэшхуэгухьэжщ - гъэрэ щIырэ щызэхыхьэжщ. Нобэ бэвыгъуэ махуэщ - гъавэхэплъэгъуэщ, тхьэгъуэлIыгъуэшхуэщ. АдакъэщIэ-хущIэ-пIастэ Iэнэ къэщтэгъуэщ, нэхъыжьхэр гъавэм щехъуэхъущ, щызэхъуэхъужщ, гуэнаплъэурэ я дзыхь щызэрагъэзщ.

ДАНЭР УЗЫНШАГЪЭМКIЭ СЭБЭПЩ

Данэ щэкIыр къыщыунэхуар ирахьэлIэ ди эрэм ипэкIэ 3630 гъэм. Абы щыгъуэ Китайм щагъэхъуу зрагъэсауэ щытащ тутей хьэпIацIэр. Абы щыхьэт техъуэу къалъытащ Китайм къыщагъуэтыжа, хьэдэтепхъуэу къагъэсэбэпауэ щыта данэ щэкIхэр. Хэбгъэзыхьмэ, данэ щэкIыр къагъуэтын ипэжкIи Китайм къыщагъуэтат данэ Iуданэхэр. 

ЗАГЪЭПЩКIУМИ НЭРЫЛЪАГЪУЩ

Мащэ кIыфIхэм (черная дыра) япэ дыдэу ятетхыхьар физикэм и къудамэ телъыджэу «теорие относительности» зыхужаIэр къэзыгупсыса еджагъэшхуэ Эйнштейн Альбертщ.

ДИ МАХУЭШХУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым макъамэрэ къафэрэ щытепщэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэм и щIыхькIэ. Ар ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахьмэдрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЫУЖЬЫПIЭ

Адыгэхэм я махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэ­ри, Кэнжэ къуажэм къыщы­зэIуахащ боксым зыщыхуа­гъасэ спортзалыщIэ. Абы и хэщIапIэ хъуар курыт еджапIэ №20-рщ. 

ДЭНЫР БЗЫЛЪХУГЪЭМ ЙОКIУ

Къэшэж - Шыбзыхъуэ Иннэ Иджырей модэмкIэ лицейм щеджащ, Iупхъуэхэр щид и IуэхущIапIэ цIыкIу къызэригъэпэщауэ, и псэм дыхьэ IэщIагъэм гурыфIыгъуэ къыхех. Щыгъын дынырщ нэхъапэкIэ зызыхуигъэсар, ауэ Iупхъуэхэрщ нэхъыбэу идыр. «Щхьэ абы удихьэха?», - жыпIэмэ, «сыунэгуащэщи», - жи. Унэр игъэщIэрэщIэну, Iэхуитлъэхуит ищIыну фIэфIщ. 

МУРАДХЭМРЭ ХЪУЭПСАПIЭХЭМРЭ ЗИ КУЭД

Краснодар крайм и Лазаревскэ щIыпIэм фокIадэм и 15 - 19 махуэхэм щызэхэтащ къэфакIуэхэм я XXII лъэпкъыбэ олимпиа-дэ. «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр яхъумэнущ!» зи фIэщыгъэ а Iуэху дахэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым (и унафэщIыр Бейтыгъуэн Iэуесщ). Абы ехъулIэныгъэхэр щы­зыIэрагъэхьэу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп зыбжанэ.

ЖЭУАПЛЫНЫГЪЭР ЗЫХАЩIЭУ

ВидеозэпыщIэныгъэ Iэмалыр къигъэсэбэпу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Промышленнэ продукцэр хабзэр къызэпауду ­зегъэкIуэным пэщIэт къэрал комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительст­вэм и вице-премьер - УФ-м промышленностымрэ транспортымкIэ и министр Мантуров Денис. 

БЗЭМ ХУЭСАКЪЫМ ЛЪЭПКЪРИ ЕХЪУМЭ

Адыгэхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм пшыхь гуапэ ще­кIуэ­кIащ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр щагъэлъапIэу. 

БГЪЭДЫХЬЭКIЭЩIЭХЭР КЪАГЪЭСЭБЭПЫНУЩ

Налшык щызэхэтащ КъБР-м Наркотикхэм пэ­щIэтынымкIэ и комиссэм хэтхэм я зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке