ШЫМ ТЕУХУА ХЪЫБАРХЭР

Шыр Iущщ, уигъэгъуэщэнукъым. 1947 гъэр екIуэкIырт. Зеки и шыпхъум и къуэ Хъери нысащIэ къыхуэтшат. ЩIалэгъуалэм пшынэ зыкIэлъыкIуэ яIэ къыщIэкIынтэкъыми, "Уэ дауэ уанэш?! КIуэи зы пшынэфI къытхуэгъуэт!" жаIэри, сагъэукIытащ. "Хъунщ, хъарзынэщ, ауэ дэнэ къисхын?" щыжысIэм, "ХьэтIохъущыкъуейрэ Жамырзейрэ кIуэ" жаIащ. ЩIымахуэ уаети, Жамырзей нэс сыкIуэфынкъым, ауэ ХьэтIохъущыкъуей сынэсынщ зыгуэрурэ жысIэри, зызгъэхьэзыращ. Гъуэгур фIыуэ зыцIыху гуэр къысщIывгъу щыжысIэм, Бесерек щыщу Казым жыхуаIэр гъусэ къысхуащIри, дежьащ. Казым къуажэм хьэщIэу къэкIуауэ щыIэу арат, ауэ кIагуэ пIащIэрэ дзэм щызэрахьэ вакъэ Iушэ цIыкIурэ фIэкIа щIакIуэ-бащлъыкъ сыт жыхуэтIэхэм хуэдэ зыри иIэххэтэкъым. Сэ аратэкъым: цылъэпэд Iув сщыгът, щIакIуэ, щхьэрыхъуэн дэгъуи сиIэт. Абы къищынэмыщIауэ, екIуу зэщIэкъузауэ шыфI сытест, Iусыр изу зэрыуба къэлътмакъыр телъыжу.

ДыщыкIуэм дунейр уэфIти, ХьэтIохъущыкъуей тыншу дынэсащ, ауэ дызыхуей пшынэр гъуэтыгъуей хъуати, мащIэу дыгуват. Сытмэ, махуэр хэкIуэтауэ пшынэр къэдгъуэтри дыкъежьэжащ, бысыму дыздекIуэлIа Хьэмырзэхэ сэлам етхыжри. Абдежым Казым зыхузогъазэ:

- ЕIэ, ипэ ищ! Сэ мы лъэныкъуэхэр фIыуэ сцIыхуркъыми, гъуазэу укъыщызатакIэ псым дыхэмыхуэу лъэмыжым диш.

ХьэтIохъущыкъуейрэ Бесерекрэ я зэхуакур куэдрэ зэхэткIухьа щхьэкIэ, Казым гъуэгур къыхуэхутакъым. Губгъэм, къэдуфэрэзыхьу, дыкъинат!

- Казым, иджыри къэскIэ сэ уи ужь ситащ, ауэ иджы уэ укъыскIэлъыкIуэнущ, - дызэригъэгъуэщам сригубжьри жысIащ, схуэмышэчыжу.

Си «гъуэгугъэлъагъуэр» щыму арэзы хъури, япэ сригъэщащ. Нэхъапэм хъыбар гуэрхэр зэхэсхат, шым и шхуэмылакIэр бутIыпщмэ, езым гъуэгур къигъуэтыжуи, апхуэдэу сеплъынщ жысIэри, шыр сутIыпщащ. Си шым и щхьэр зэзэмызэ иригухыурэ къикIухьщ-никIухьри, иужьым мывэ дакъэ хуэдэ зыгуэрэм дыIуишащ. Уаер етауэ узригъэплъэкIыртэкъым, си нэгъуджэм мыл трищIауэ зыри слъагъуртэкъым уеблэмэ. Шым сыкъепсыхри, нэгъуджэр зыIусхыу сыщеплъэм, мывэ дакъэу къысщыхъуар бысыму дыздекIуэлIа Хьэмырзэхэ я боубжэрауэ къыщIэкIащ! Си шым, дыкъызэрикIуа лъагъуэм къытеувэжри, Хьэмырзэхэ я деж дыкъишэжауэ арат…

А жэщым Хьэмырзэхэ я деж дыщыIэри, пщэдджыжьым гъуэгу дытеувэжащ. Шыр гъуащэркъым жыхуаIэр пэжщ: жэщыр уает, жьы зэпихум дыхиубыдати, шынагъуэ гуэр къытщымыщIын папщIэ тыншыгъуэ здэщыIэмкIэ игъэзэжауэ арат а псэущхьэ Iущым.

* * *

Шым теухуа Узуняйлэ хъыбар щыкуэдщ. Марашлы къуажэм щыщу Щоджэнхэ я щIалэ Гурын кIуэ пэтрэ уэлбанэм хиубыдэщ, щIыIэм исщ, шым къехуэхри лIат. ЛIым тхылъымпIэрэ къалэмрэ иIыгъти, мылIэ щIыкIэ уэсят къищIхэр итхыжат: "Бом шыфI щIэту шы зыкIэлъымыкIуэкIэ гъуэгу фытемыхьэ, гъуэмылэншэу фемыжьэ! Си щхьэм бащлыкъыр фIызошыхь, хьэкIэкхъуэкIэм си нэкIур трашхыкIыу, нэджэIуджэ сымыхъун папщIэ».

ЗэрылIэнур ищIэми, апхуэдиз гузэвэгъуэ зи псэм телъа лIым гукъэкI ищIри мы псалъэхэр къигъэнащ цIыхухэр игъэущиеу. И хьэдрыхэ дахэ хъуауэ Тхьэм къыщIигъэкI!

* * *

Иджыри зы хъыбар нывжесIэжынщ...1965 гъэт, щIымахуэт, къэсшауэ щауапIэ сису Думэн Хьикмэтрэ Тохъу Демыррэ нысхуеблэгъат. Фадэ тхуэчэмти, уэрей, мыпхуэдэ щIымахуаем уэр фIэкIа ар зыхузэфIэкIын щымыIэ жаIэри, Азей фадэхьэ сагъакIуэ. Сыт сщIэнт, Думэн Хьикмэт зы шы дэгъуэ иIэти, абы сышэсри сежьащ. Лъэгуажьэм къэс уэсыр зыуи къыщымыхъуу фтреящ пщIэгъуалэр, сызэрышэсу.

Азей деж фадэр къэлътмакъым из сщIыуэ сыкъыщыдэкIыжам пщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуагъэххэт. Пшапэ зэхэуэгъуэм Ло къуажэм сыкъыблэкIри, МэчэнейкIэ сыунэтIащ. Жэщыр кIыфIщи, нэм щIэIэбэр плъагъукъым, щIакIуэ-бащлъыкъкIэ зызэщIэзуфа щхьэкIэ, уэс-уэлбанэм сызригъэплъэкIыркъым. Дэнэ сыщыIэми къысхуэмыщIэу, зэм адэкIэ, зэм мыдэкIэ шым къыжьэдэскъуэурэ сыгъуэщат. Угъуащэмэ шхуэмылакIэр утIыпщи, шыр хуит щIы жаIауэ зыхэсхати шыр сыутIыпщащ, зыхуеймкIэ ирекIуэ жысIэри.

Зыкъомрэ уэсым дыкIуэцIрыщэтурэ дыкIуа нэужь бо гуэрым ныIуохьэ. Уэрей, мыбы зыщIыпIэ дыкъишам жысIэу зыщысплъыхьым - ЛIыгъурхэ деж сыщыту къысщохъу. Iуэхур нэхъ гупсэхуIуэу зэхэзгъэкIынщ жысIэу щхьэгъубжьэм сыщытеуIэм:

- Хэт ар? Еблагъэ! - жиIэри, зыгуэр къыщIэкIащ.

- Фахъри щIэс? - сыщIоупщIэ, си ныбжьэгъум и деж сыкъызэрекIуэлIар пэжрэ къысщыхъурэ зыхэзгъэкIыну.

- Фахъри ХьэпэщIей къыщофэ. Еблагъэ, - жи иджыри зэ.

- Хьэуэ, себлэгъэнукъым, - жызоIэри, мы дыкъыздэкIуар зэры-ЛIыгъурхьэблэр гупсэхуу зыхэзгъэкIати, сигу загъэжауэ шым сошэсыж.

 Лыгъурхьэблэ дэгъэзеигъуэмкIэ шыр сунэтIу солъэдэкъауэри, сыкъожьэж. Дегъэзеигъуэм удэкIыу бжьэпэм узэрыщхьэщыхьэу абдежырт ХьэпэщIейри - сыкъэсыжа хуэдэт. ИужькIэ къызжаIэжащ, сызытеса шыр ЛIыгъурхэ куэдрэ кIуэуэ зэрыщытар. Шым къыщикIухьа губгъуэмрэ Iус щишха бомрэ къецIыхуж жи.

Хэхэс адыгэхэм яIуэтэжхэр.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.