ГуфIэгъуэ зэхыхьэ

Урысей гвардием и къудамэ щхьэхуэу Шэджэм районым щыIэм  щекIуэ­кIащ ОМОН-м и махуэр гъэлъэпIэным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ. Къызэ­хуэсахэм я махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Васильев Сергей.

КъулыкъущIэм зауэлI­хэм фIыщIэ яхуищIащ лIыгъэ яхэлъу я къалэн мытыншыр зэрырахьэкIым папщIэ. ЖиIащ Лъэпкъ гвардием къулыкъу щызы­щIэну хуейуэ къахыхьэхэми хабзэфIхэм адэкIи  зэрыпащэнур, хабзэхъумэхэм яку дэлъ зэкъуэш зэкъуэтыныгъэр зэрагъэбыдэнур и фIэщ зэрыхъур.
- Фэ щIыхь пылъу фогъэзащIэ пщэрылъ къыфщащIахэр. ЗэманыщIэм дэ псоми ди пащхьэ кърегъэувэ къалэныщIэ гугъухэр, ауэ сэ шэч къытесхьэркъым фэ сыт хуэдэ гъэу­нэхуныгъэми фызэрыхуэ­хьэзырым. Си гуапэщ ехъу­лIэныгъэщIэхэр зыIэрывгъэхьэну, узыншагъэ быдэ, фIыгъуэ фиIэну, - къыхигъэщащ Васильев Сергей.  
КъыхэжаныкIа лэжьакIуэхэм иратащ къэрал дамыгъэхэр, щIыхь, фIыщIэ  тхылъхэр. 
ЗэIущIэм и кIэухыу IэнатIэ хэхам и унафэщIхэмрэ гупымрэ, я лэжьэгъу хэкIуэдахэм я фэеплъым пщIэ хуащIу, дакъикъэкIэ щым­ри, мемориалым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. 

ДЫГУЛЫБГЪУ  Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.