ЛЫШХЫР КЪЫЗЭРАЦIЫХУ ЩЫТЫКIЭХЭР

Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и дохутырхэм къраIуащ цIыхубзым и бгъэр лышхым зэриубыдам и нэщэнэ 11. 

Жэпуэгъуэ мазэр бгъэ лышх узыфэм пэщIэтыным и дунейпсо махуэщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ар иджырей зэманым цIыхушхуэм къефыкI уз гущIэгъуншэщ. Ростов къалэм дэт онкоцентрым и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ар къоуэлIагъащIэу къыпхуэцIыхунущ мы щытыкIэхэмкIэ: 
1. Бгъэм шыкъыр хищIауэ къыпIэрыхьэмэ;
2. ЦIыхубзыр фагъуэ хъуамэ;
3.  Бгъэр нэхъ ин хъуамэ;
4. Бгъэм къытридзэ лъынтхуэхэр бэгауэ фэ тетмэ;
5. Бгъэм IэпапIэ-IэпапIэурэ кIуэцIрыщэта иIэмэ;
6. ЩIыфэр къищэщырей хъуамэ;
7. Быдзыпэр ипщхьамэ;
8. Лимоныфэм хуэдэу бгъэм и фэр зэхуэлъэфэсамэ;
9. Быдзыпэм уэтэпс къыпыткIумэ;
10. БгъитIыр зэхуэмыдэ хъуамэ;
11. БлэгущIэм щIэлъ лимфоузелхэр бэгамэ.
Мыбыхэм языхэз дагъуэ зыхуэфщIыжмэ, Iэмал имыIэу гинеколог е онколог зэгъэплъын хуейщ!
Онкоцентрым и щIэныгъэлIхэм къытрагъэзэжурэ бзылъхугъэхэм дигу къагъэкIыж зэпымычу бгъэм кIэлъыплъын, къэплъыхьын, къэпщытэн зэрыхуейр: шыкъыр хэлърэ хэмылърэ къэтщIэн папщIэ, мазэм зэ къыдоIэбэрэбыхь, илъэсым зэ дохутыр зыкIэлъыдогъэплъ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зиужьын щIэзыдзагъащIэ лышхыр къыпхуэхутэнущ, икIэщIыпIэкIэ яужь уихьэми, а уз шынагъуэр яхуэгъэхъужынущ. 
- Бгъэ лышхыр и чэзум къэпхутэн папщIэ, зэпымычу узыкIэлъыплъыжын хуейщ. Абы къищынэмыщIауэ, илъэс къэс дохутыр зэбгъэплъмэ нэхъыфIыжщ. Апхуэдэу, маммолог, гинеколог, онколог дохутырхэр зыкIэлъагъэплъыну чэнджэщ естынут бзылъхугъэхэм. Лышхыр ныбжьым елъытакъым. Ар къеуэлIэнкIэ хъунущ илъэс 18 фIэкIа мыхъуа пщащэми, илъэс 40-м итми, 60-м щхьэпрыкIыжами. УЗИ-рэ маммографиерэ илъэсым зэ, псом хуэмыдэу зи ныбжьыр илъэс 40-м щIигъуахэм яхуэзгъэлъэгъуэнут, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Шатовэ Юлианэ. 
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

01.05.2024 - 10:01

ДАХАГЪЭ КЪЭЗЫГЪЭЩI

Дунейм къафэ лIэужьы­гъуэу тетым я махуэшхуэр мэлы­жьыхьым и 29-м ягъэ­лъапIэ. Къафэм и дунейпсо махуэр гъэлъэпIэн жэрдэмыр ЮНЕСКО-м КъафэмкIэ и советым 1982 гъэм къыхилъхьауэ щытащ.

01.05.2024 - 09:03

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

Ярославль щекIуэкIащ лъэпкъ гъуазджэхэмкIэ «Ритмы Кавказа» IV лъэп­къыбэ фестивалыр. 

01.05.2024 - 09:03

ХЭКУ ЛЪАГЪУНЫГЪЭМ ТЕУХУАЩ УЭРЭДХЭР

Музыкэ къэрал театрым щекIуэкIащ «Хрустальные звёздочки-2024» фестиваль-зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэр. Сабийхэм ар къы­хузэрагъэпэщащ Суд приставхэм я федеральнэ къу­лыкъущIапIэм.

01.05.2024 - 09:03

ГЪАТХЭМЭ КЪАПЕХ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэ­рырикъум и щIыхькIэ къы­зэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хы­-хьэу яухуа гъуазджэ гале­реем зэуэ щагъэлъагъуэ республикэм и художникибгъум я

01.05.2024 - 09:03

МАКЪАМЭ IЭМЭПСЫМЭХЭР ЗЫГЪЭБЗЭРАБЗЭХЭР

Астрэхъан къэрал консерваторэм щекIуэкIащ урыс цIыхубэ, лъэпкъ макъамэ Iэмэпсымэхэм еуэхэм папщIэ къызэрагъэпэща «Каспийская волна»  VII дунейпсо зэпеуэр.