ХЬЭСАНЭ МУРАТ ПСОМИ ЯТОКIУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Мэзкуу областым и Красногорск къалэм грэпплинг, грепплинг-ги спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам нэмыщI, абы кърихьэлIащ Индием, Къэзахъстаным, Тыркум, Узбекистаным, Алжирым, нэгъуэщIхэми я спортсменхэр, псори зэхэту 1000-м щIигъу.

Ди гуапэ зэрыхъущи, къэралым и щIыхьыр яхъумэу зэхьэзэхуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэри. Абыхэм ящыщу килограмм 92-рэ хъухэм я деж щыбанэ Хьэсанэ Мурат иригъэкIуэкIа зэIущIиплIыр къихьри, дуней псом и чемпион хъуащ. Хьэсанэм и тренерыр Шыхъуэстэн Русланщ.
Дунейпсо чемпионатым и домбеякъ медалыр къихьащ килограмм 62-м зыкъыщызыгъэлъагъуэ Мэш Алим. 
 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ