Статьи на кабардинском языке

ХЬЭРШЫРЫКIУЭ СТАНЦЫМ

ЩIы Хъурейм телъэтыкIыу уафэщI жыжьэм щетIысэха гупым хэтхэм тIурытI-щырыщ зитщIыкIырти, Iэгъуэблагъэр щIэтпщытыкIыу, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыткIухьырт, дызыпэмыплъам дыщрихьэлIэр нэхъыбэу. Зэгуэр, апхуэдэу зэманыфIкIи дыкъэтауэ, псори дызэзышэлIэж станцым декIуэлIэжащ. 
Дызыхыхьэжа гупыр нэщхъейт.
- Сыт къэхъуар? – щIэупщIащ Мартин. - Апхуэдизу щхьэ фызэхэуа?

ЛЫПЦIЭНАЛЪЭХЭМ Я ХЬЭЛЫР

ЛыпцIэналъэхэр лIэужьыгъуищу гуэшащ: къупщхьэзэфIэблэм кIэрылъхэр, джафэхэр, гум екIуалIэхэр. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и лыпцIэналъэхэм я процент 90-р къупщхьэзэфIэблэм телъхэрщ. ЦIыху Iэпкълъэпкъым и лыпцIэналъэ нэхъ цIыкIу дыдэр хэлъщ тхьэкIумэм. Ар миллиметр 1,25-рэ хъууэ аращ, Псори зэхэту цIыху Iэпкълъэпкъым хэлъщ лыпцIэналъэ 640-рэ. Пэжщ, щыIэщ 850-рэ къэзыбж щIэныгъэлIхэри.

КЪУАЖЭХЭМ Я IУЭХУ ЗЫIУТЫМ ЗЫЩЕГЪЭГЪУАЗЭ

Бахъсэн куей администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур иджыблагъэ къызэхикIухьащ щIыналъэм и къуажэ зыбжанэ икIи зригъэлъэгъуащ абыхэм щыщыIэ щытыкIэр, жылэдэсхэр псэуныгъэ и лъэныкъуэкIэ зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам зыщигъэгъуэзащ.

ШЭДЖЭМ КЪАЛЭМ И ШКОЛЫЩIЭР

Ухуэныгъэ

Шэджэм къалэм щаухуэ школыщIэм и лъабжьэр ягъэтIылъакIэщ, щIыунэ къатри къаIэтащ.

Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, курыт еджапIэр ухуэныгъэ зыбжанэу зэхэтынущ. Абы хыхьэнущ Iуэхугъуэшхуэхэр щрагъэкIуэкI хабзэ пэшыр, шхапIэр, пщэфIапIэр, еджапIэ, компьютер классхэр, спорт залу тIу, футболым, волейболым, баскетболым папщIэ губгъуэхэр, нэгъуэщIхэри.

КЪАЗМАКЪЫР УЗЫНШАГЪЭМКIЭ СЭБЭПЩ

Къазмакъыр метри 5-м нэс зи лъагагъ къуацэчыцэщ. Ауэ метр 15-м нэблагъэ къазмакъей урихьэлIэнкIэ хъунущ - щыIэщ апхуэдэ лIэужьыгъуи. Абы щыгъуэм ар жыгым хабжэ. Къазмакъыр мэгъагъэ мэлыжьыхьым - накъыгъэм. Къудамэхэм банэ пызщ, бжыхьэм деж къазмакъ гъуэжьхэр къудамэхэм щызэкIэщIэту къыпокIэ. Къазмакъейр илъэс 60 - 80-кIэ мэпсэу.

ФЭЕПЛЪЫР ЩЫМЫКIУАСЭМ ДЕЖ

Зи блэкIар зымылъытэм къэкIуэнури къызэрыфIэIуэху щыIэнукъым. ЦIыхум зэ IэщIэкIа щыуагъэм къытримыгъэзэжын, дерс къыхихын папщIэщ блэкIам щIыхуеплъэкIыр, ар игу къэзыгъэкIыж Iуэхугъуэхэм лъапIэныгъэ щIритыр. ЦIыхум и ныбжьым щызэблэкI къэхъукъащIэ бзаджэхэм щIэблэм дерс къыхихыфмэ, ахэр къэмыхъун папщIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтмэ, пэж дыдэу, лъапIэныгъэ щихуэжын и гъащIэм Iэмалыншэу къыхуихуэнущ.

ЛЪЭПКЪ ХАБЗЭХЭМРЭ ЩЭНХАБЗЭМРЭ ЗЫЩАГЪЭГЪУАЗЭ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу, щэкIуэгъуэм и 4-м, ВДНХ-м къыщызэIуаха «Урысей» гъэлъэгъуэныгъэм щагъэуващ Кавказ. РФ хъыбарегъащIэ плIанэпэр. 

ДАХАГЪЭР ЗЭБЭКI ЖЭЩ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейр «Гъуазджэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хэтащ. Иджырейр къызэрагъэпэщащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ.

ГЪУАЗДЖЭЩ, ЩIЭНЫГЪЭЩ, СПОРТЩ

Шахматхэр къытехъукIащ VI лIэщIыгъуэм щыIа «чатуранга» пасэрей индие джэгукIэм. СанскриткIэ абы «дзэ лIэужьыгъуэу плIы» жиIэу къокI, лъэсыдзэр, шууейр, пылхэр, шыгухэр хиубыдэу. Шахматым деж ахэр къыщыгъэлъэгъуащ мыпхуэдэу: лъэс, шы, пыл, ладья. Чатурангэм джэгу хъурт цIыхуиплI. VII лIэщIыгъуэм джэгукIэр Къэжэрым нэсащ, «шатранджкIэ» еджэу. Къэжэрыбзэращ «шахмат» фIэщыгъэри къызытехъукIыжар.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке