Статьи на кабардинском языке

ГЪУЭГУР ЗЫХУЕЙ ХУАГЪАЗЭ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэфIагъэкI Iуэхугъуэхэм хыхьэу мыгувэу зэрагъэпэщыжынущ Тэрч къалэм къыпекIуэкI гъуэгур.

ЩIЫНАЛЪЭМ ХЪАРЗЫНЭУ ЩОЛАЖЬЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щызэIущIащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, «Урысеймэкъумэшбанк» АО-м и унафэщIым и чэнджэщэгъу Филимонов Георгий, Банкым и щIыналъэ къудамэу республикэм щыIэм и тхьэмадэ Сокъур Алим.

ПУШКИНЫР КЪУЛЪЫКЪУЖЫН ИПЩЭМ «ЩОХЬЭЩIЭ»

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Тхылъ псэу» тхылъаджэхэм я клубым и зи чэзу зэIущIэ. Иджырей пшыхьыр траухуат урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр и «Пиковая дама» (Цыхубз фIыцIэ) IэдакъэщIэкIым.

ИСПЫ УНЭХЭР

КъухьэпIэ Кавказымрэ Абхъазымрэ я бгылъэ щIыпIэхэм куэду ущрохьэлIэ мывэ джей пIащIэхэм къыхэщIыкIа испы унэхэм (дольменхэм). Ахэр я щIэинщ пасэрей адыгэ-абхъаз лъэпкъыу илъэс мини 5 ипэкIэ псэуахэм.

ШЫПСЭ ПЭЖХЭР И ГЪУНЭЖЩ

Урыс тхакIуэ, усакIуэ, драматург Крылов Иван нэхъыбэ дыдэу цIэрыIуэ зэрыхъуар и шыпсэхэрщ.  XIX зи къалэмыр зыгъэжана тхакIуэхэм ящыщу нэхъыбэу цIыхухэм щIаджыкIыу щытахэм ящыщщ а шыпсэхэр. Жьыми щIэми я гум дыхьэрт, зыIэпишэрти, яджырт. Илъэс 15 щыхъум Крылов Иван гушыIэ, трагедие, оперэ итх хъуащ. ИужьыIуэкIэ шыпсэ (басня) жанрым дихьэхащ.

ЛИТЕРАТУРЭР ФIЫУЭ ЗЫЛЪАГЪУХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

Налшык къалэм дэт Къэрал концер гъэлъэгъуапIэм «Псалъэр гум щынэскIэ…» фIэщыгъэ дахэр зиIэ хэгъэгупсо литературэ зэпеуэм и бжьыгъуэ зэфIэхьыр щекIуэкIащ.

ЛЭЖЬЫГЪЭХЭМ ПАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситхум лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным сом мелард 48-м щIигъу щыхухахащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къигъэлъэгъуащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

         Лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну КъБР-м хухаха сом мелард 48,4-м щыщу меларди 7-м щIигъур щIыналъэ бюджетым къыхэкIащ.

ЗЫХУЕЙ ХУАГЪЭЗЭЖ

  Тэрч районым хыхьэ Дей жылэмрэ Прохладнэ щIыналъэм и Красносельскэ къуажэмрэ амбулаторэщIэхэр щаухуэнущ «ЦIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэ щрат IуэхущIапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжын» программэмкIэ.

ЗЭПЫЩIЭНЫГЪЭ ЩХЬЭПЭ

Бакулев А. Н. и цIэр зезыхьэ, Гу-лъынтхуэ узыфэхэмкIэ щIэныгъэ центрым и IэщIагъэлIхэр Налшык къалэм щыIащ икIи сымаджэхэм я щытыкIэр къапщытащ. КIэлъыплъыныгъэм кърикIуам ипкъ иткIэ, дохутырхэм адэкIэ яубзыху абы игъуэтын хуей Iэзэгъуэр зыхуэдэр, кардио-хирургие дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэхэр езы центрым ягъакIуэ.

НАРТЫХУ ХЬЭДЗЭ ЗЭМЫФЭГЪУ

Нартыхур къагъэкI илъэс мин бжыгъэ хъуауэ. Абы къыхэкIыу, ар тхыдэ щIэину къэплъытэ хъунущ. Псори десащ нартыхур гъуэжьу е хужьу щытын хуейуэ. АтIэ лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэнщ «Glass Gem» - «Абджыпс хьэдзэ» жыхуаIэр. Абы «лэгъупыкъу нартыхукIэ» еджэуи урихьэлIэнущ. ЛIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр къигъэкIыныр гугъу ехьу зэригъэхъулIащ Америкэм щыщ фермер, жыггъэкI Барнс Карл.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке