РОБОТ-ХИРУРГЫМ И ЕХЪУЛIЭНЫГЪЭЩIЭ

Узыншагъэ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и дохутырхэм зы мазэм къриубыдэу робот-операцэу 40 ирагъэкIуэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, робот дэIэпыкъуэгъухэр мы IуэхущIапIэм къыщагъэсэбэпын щIадзат 2023 гъэм.
ЩIэныгъэм и иужьрей Iэмэпсымэу робот-хирург жыхуаIэр ростов онкоцентрым щагъэлэжьэн папщIэ, операцэ щрагъэкIуэкI къудамэр зэманым къигъэув мардэхэм ирагъэуват, Iэмэпсымэ щIэщыгъуэхэмкIи къызэрагъэпэщат. «Узыншагъэ» лъэпкъ проектым и фIыгъэкIэ ирахьэжьа Iуэхугъуэ щхьэпэм занщIэу фIы и лъэныкъуэкIэ зыкъигъэлъэгъуащ - абыкIэ дохутырхэм хуиту операцэ ящIын щIадзащ зи тхьэмбылыр, лъатэр, кIэтIийр, гъутхьэпсылъэр, лъхуалъэр, лъхуадэхэр, щахэр лышхым иубыда сымаджэхэр.
Робот-хирургыр уэздыгъэ нэхукIэ, сурэттехкIэ, дохутырыр зыхуэныкъуэнкIэ хъуну Iэмэпсымэ псомкIи къызэгъэпэщащи, сымаджэр зэгуэгъэжауэ ущхьэщытым хуэдэу, хуиту операцэ уощIыф, ауэ куэдрэ кIыж, хьэлъэу къеуз уIэгъэшхуэхэр пщIыкъым, уеблэмэ операцэ нэхъ хьэлъэ дыдэу къалъытэхэр пхуогъэкIуэкI. ЗэрыжаIэмкIэ, абы ирилэжьэну дохутырхэмрэ медсестрахэмрэ я щIэныгъэм хагъэхъуэну еджапIэ ягъэкIуат.
Ростов онкоцентрым и хъыбарегъащIэ IэнатIэм къызэритымкIэ, абы я робот-хирургымкIэ операцэ 40 ящIащ зы мазэм къриубыдэу: зи тхьэмбылыр, жьэжьейхэр, кIэтIийр, щахэр лышхым иубыда цIыху 40 ягъэхъужащ.
- Робот-хирургыр куэд щIакъым къэдгъэсэбэпын зэрыщIэддзэрэ, ауэ ар дэIэпыкъуэгъушхуэ къызэрытхуэхъур, ди Iуэхур куэдкIэ зэрытщигъэпсынщIэр къыдгурыIуащ. Абы и фIыгъэкIэ сымаджэм лъы куэд фIэкIуэдыркъым, зэгуэдгъэжыркъым, Iэбжьанэ хуэдиз хъу уIэгъэ зыбжанэ къытенэу аращи, е екIуэжынкIэ Iэмал зимыIэщ, лышх шыкъырыр къыхыдогъэжри, сымаджэр махуищ-плIым щIыдотхыкIыж, - жеIэ щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм и унафэщI Кит Олег.
 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.