ЛЪЭНЫКЪУИТIМИ Я СЭБЭПЩ

Тэтэрстан Республикэм и вице-премьер Шайхразиев Василий зи пашэ къулыкъущIэ гуп лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ лIыкIуэхэм я пашэм икIи ди щIыналъэхэр зэрызэдэлэ­жьэнум тепсэлъыхьащ. 

«Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Тэтэрстанымрэ куэд щIауэ зэпыщIащ ныбжьэгъугъэ, щэнхабзэ, сату-экономикэ унэтIы­ны­гъэхэмкIэ. Тэтэрстан Республикэм и Iэтащхьэ Минниханов Рустам къэрал, политикэ лэжьакIуэ ахъырзэманхэм ящыщ зыщ, дэ абы сыт щыгъуи дыпыщIауэ дыдолажьэ федеральнэ Iуэхухэр зэгъусэу зэфIыдох. 
Къапщтэмэ, иджырей Тэтэрстаныр Урысей Федерацэм и хэгъэгухэм ящыщу жыджэру зызыужьхэм хабжэ, дэри зэгъу­сэу дызэлэжьын куэд зи зэхуаку дэлъщ. Егъэджэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, спорт, туризм, мэкъумэш IэнатIэхэмкIэ ды­зэдэIэпыкъуным лъэныкъуитIми ди фейдэ къыпэкIуэнущ. 
А псом къищынэмыщIауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм тэтэру минрэ ныкъуэм щIигъу щопсэу, щэнхабзэ центр щолажьэ. Тэтэр лъэпкъым и хабзэр, щэнхабзэр хъумэным ехьэлIа зэIущIэхэр къызэригъэ­пэщу, адрей лъэпкъ зэгухьэныгъэхэми къэрал IуэхущIапIэхэми ядэлажьэу апхуэдэщ центрыр», - щетх КIуэкIуэ Казбек и телеграм-каналым. 
УнафэщIхэм я зэIущIэр иуха нэужь, республикэ Iэтащхьэм къулыкъущIапIэхэм къалэн ящи­щIащ дызыхуэкIуэ илъэс­хэм Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Тэтэрстанымрэ зэрызэдэлэ­жьэну программэр яубзыхуну.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.