ЛЭЖЬЫГЪЭХЭМ ПАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситхум лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным сом мелард 48-м щIигъу щыхухахащ. Апхуэдэ бжыгъэхэр иджыблагъэ къигъэлъэгъуащ КъБР-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм.

         Лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным трагъэкIуэдэну КъБР-м хухаха сом мелард 48,4-м щыщу меларди 7-м щIигъур щIыналъэ бюджетым къыхэкIащ.

         Дызэхуеплъынти, проектхэм хуаутIыпщ мылъкум зэрыхэхъуа щIыкIэм. 2019 гъэм абыхэм  хыхьэу зэфIагъэкIыну яубзыхуа Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ республикэ бюджетым сом мелуани 127,8-рэ къыщагъэлъэгъуауэ щытамэ, 2021 гъэм щегъэжьауэ ар сом меларди 2-м щIигъум зэрынэхьэсащ, 2023 гъэм сом меларди 2,36-рэ хъуащ. Бжыгъэхэм нэрылъагъу зэращIщи, иужьрей илъэситхум къриубыдэу хуэдэ 18,5-кIэ хэхъуащ а Iуэхушхуэхэм мылъкуу хуаутIыпщыр.

         Дызэрыт илъэсым лъэпкъ пэхуэщIэхэр гъэзэщIэным, зэкIэ къызэрабжамкIэ, сом меларди 10 хуэдиз хухахынущ. Псом нэхърэ нэхъыбэу ахъшэр здэкIуэнур цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ  мыхьэнэшхуэ зиIэ IэнатIэхэрщ. Псалъэм папщIэ, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, спорт IэнатIэхэм къыщрагъэжьа ухуэныгъэщIэхэр и кIэм нагъэсыжынущ, мурад ящIа нэгъуэщI лэжьыгъэхэри зэфIагъэкIынущ. Апхуэдэуи гулъытэ хэха ягъуэтынущ транспорт, гъуэгу, инженер инфраструктурэхэм зегъэужьыным пыщIа Iуэхухэми.

                                                                  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ