ПУШКИНЫР КЪУЛЪЫКЪУЖЫН ИПЩЭМ «ЩОХЬЭЩIЭ»

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Къулъкъужын Ипщэм и курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ щекIуэкIащ «Тхылъ псэу» тхылъаджэхэм я клубым и зи чэзу зэIущIэ. Иджырей пшыхьыр траухуат урысей тхакIуэ цIэрыIуэ Пушкин Александр и «Пиковая дама» (Цыхубз фIыцIэ) IэдакъэщIэкIым.

         ЕгъэджакIуэхэмрэ еджакIуэхэмрэ зэхаша зэIущIэр щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэну икIи удихьэхыу екIуэкIащ икIи ахэр зыщIэса пэшыр Пушкин Александр и таурыхъхэм къытращIыкIа сурэтхэмкIэ ягъэщIэрэщIат.

         ЕджакIуэ цIыкIухэм пшыхьым щагъэлъэгъуащ «Пиковая дама» повестым къытращIыкIа теплъэгъуэ хьэлэмэтхэр, иужькIэ псори зэгъусэу тепсэлъыхьащ тхакIуэ цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкIым, ар зытеухуам, езыхэм къазэрыщыхъуам, абы гупсысэу хэлъым.

         Пушкин Александр и тхылъым тепсэлъыхьын щагъэта нэужь пшыхьыр игъэдахэу къызэхуэсахэм я пащхьэм уэрэд зыбжанэ щыжиIащ Налшык къалэм дэт КъБР-м МэкъамэмкIэ и къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Абей Рустам. Абы игъэзэщIахэм ящыщщ Рахманинов Сергей и «Алеко» оперэм и уэрэд пычыгъуэмрэ Пушкин Александр и «Цыджанхэр» поэмэм къытращIыкIа уэрэдымрэ.

         Пшыхьыр зэхуащIыжу къызэхуэсахэм ягъэзэщIащ тхакIуэ цIэрыIуэ Чехов Антон и «Драма на охоте» повестым къытращIыкIа «Мой ласковый и нежный зверь» кинофильмым хэта вальсымкIэ.

          «Тхылъ псэу» тхылъаджэ клубым и дамыгъэ лъапIэхэр иужьым иратащ пшыхьым жыджэру хэта еджакIуэ цIыкIухэм.

                                                               ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.05.2024 - 09:03

ПХЪЭЩХЬЭМЫЩХЬЭМ И КЪАБЗАГЪЭМ И ЩЫХЬЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ, жыг хадэ гъэкIынымкIэ цIэрыIуэ хъуа «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэм иджыблагъэ къыхуагъэфэщащ щIыгъэпшэр IэрыщIхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэр

26.05.2024 - 09:03

1860 ГЪЭ – УБЫХХЭМ ЩХЬЭХУИТЫНЫГЪЭР КЪЫХАХ

Тхыдэм, псом хуэмыдэжу адыгэхэм ди къекIуэкIыкIам, хуэнэхъуеиншэу зыщызыгъэгъуазэ сэ къызгурыIуэртэкъым адыгэхэм ди лъабжьэгъу, бзэкIи щIыналъэ и лъэныкъуэкIи ди гъунэгъу лъэпкъыр – убыххэр - Кавка

25.05.2024 - 15:02

IУЭХУКIЭ ГЪЭНЩIА ПIАЛЪЭ

Щэнхабзэ жэрдэмхэмкIэ Президент фондым игъэлъэпIащ къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэсищ зэрырикъур. 

25.05.2024 - 10:01

КЪАПЫСХЫЖ ФIЫГЪУЭР ЗЭПЛЪЫТ ХЪУН ЩЫIЭКЪЫМ

ЩIэныгъэм зыщиужь, техникэ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэр гъащIэм лъэ быдэкIэ щыщыув ди лъэхъэнэм кIуэ пэтми робототехникэм и мыхьэнэм хохъуэ, къыщагъэсэбэп IэнатIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъууэрэ йокIуэкI.

25.05.2024 - 09:03

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

ХоккеймкIэ дынэхъыфIщ