Статьи на кабардинском языке

ЛЭЖЬАКIУЭ IЭЩIАГЪЭХЭМ ГУЛЪЫТЭ ЯIЭНУЩ

КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и зэIущIэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ кол­леджым. Абы щытепсэлъы­хьащ «Профессионалитет» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ колледжхэм курыт щIэныгъэ зэрырат Iэмалхэр зэрыщрагъэфIакIуэм.

УАХЪТЫНШЭ ЛIЫГЪЭ

Налшык къалэм дэт Къэрал кино­концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIа зэхыхьэр теухуат Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум. 

ХУЩХУЭГЪУЭР ЩIЫУЭПСЫМ ХЭЛЪЩ

Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум сэбэп е зэран зэрыхуэхъу щIыкIэм. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр.

ЗЫЗЫУЖЬХЭМ ЯДОIЭПЫКЪУ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIыналъэ инжиринг центрым республикэм и IуэхущIапIэхэм инженер-чэнджэщ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ярет, зэрызаужьыну щIыкIэм, къыщIагъэкI продукцэмрэ ахэр зэрылажьэ технологиехэмрэ егъэфIэкIуэным, щIэуэ щыIэ

КЪЕРБЭЧ И ХЪЫБАРЫМРЭ И ГЪЫБЗЭМРЭ

Къербэч теухуауэ хъыбарыжьхэм къаIуэтэжыр икъукIэ мащIэщ. Уэрэдым и хъыбарыр зытхыжыгъа КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIэмкIэ, Щхьэгуащэпсыр я зэхуакуу Къербэч зыдэса Къэние къуажэмрэ Нэгъуей къуажэмрэ зэпэщысу псы Iуфэ зырызым Iусащ. А зэман жыжьэм лъэпкъхэр фIыуэ зэрымылъагъуу, зэбийуэ, зэкъуэхуауэ зэрыгъуэтмэ, зыр адрейм теуэрэ зэрипхъуэу щытащ.

НАРТЫХУ IЭФIЫМ ЩОХЪУЛIЭ

Гъэтхасэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм нартыху IэфIыр гектар мини 2-м нэблагъэм щыхасэ. Лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэман зэхуэмыдэм мэхъу. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIы къэкIыгъэ хьэлэмэтыр бжьыхьэкIэ дыдэ хъуху ди тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ щащэ.

ЩЫХЬ КЪУЭЛЭНХЭМ ЗАУЖЬЫЖ

Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм  яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ.  Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, ди щIэныгъэлIхэм яIэщ щIыуэпсым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэр. Абыхэм ящыщщ щыхь къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр. 

ЩIЫУЭПС ХЪЫБАРХЭР

•Урысейм илъэсым къриубыдэу кIэрыхубжьэрыху тонн меларди 5 щызэхуахьэс, икIи ар зыхуей хуигъэзэжыну хузэфIэкIыркъым къэралым. А бжыгъэм щыщу зэлэжьыжыр проценти 8-ращ, адрей 92-р зэтофыхьри зэтелъщ. Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и щIым щыщу кIэрыхубжьэрыхум гектар мелуани 4 зэриубыдыр, абыи къызэрыщымыувыIэнур. 

ДЫГЪЭМ ДИСЫЖЫНУ, ХЬЭМЭРЭ УЭШХЫМ ДИЛЪЭСЫНУ?

Иужьрей илъэсхэм щIыуэпсым хьэдэгъуэдахэу зыкъызридзэкIри, зэрыщымытауэ зыкъыдигъэлъэгъуащ: Москва зэтезыкъута борэнхэр, гъэмахуэкум Мурманск щIэзыхъума уэсыр, машинэхэмрэ унащхьэхэмрэ зэхэзыкъута уэр, къалэхэмрэ къуажэхэмрэ зылъэса уэшх зэпымыухэр, Алтай щIыналъэм къыщепща жьышхуэхэр, Америкэм и зы щIыналъэ псо зысыжа мафIэсыр, щIы щхьэфэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ зэгуэзытхъа щIыхъейхэр… ЦIыху цIыкIур

БЖЫГЪЭХЭМ КЪАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Урысей Федерацэм Къэрал статистикэмкIэ и управленэу Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2023 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм продукцэу къыщIагъэкIащ сом мелард 89,5-рэ я уасэ, ар проценти 10,1-кIэ нэхъыбэщ 2022 гъэм и иджы хуэдэ зэманым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке