Статьи на кабардинском языке

УНЕЙ IУЭХУЩIАПIЭХЭМ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

«Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и апхуэдэ IэнатIэхэм пэрытхэмрэ я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм ящыщу 174-м щIыхуэ мыинхэр къыIахыным теухуа зэгурыIуэныгъэу 214-рэ нэгъабэ иращIылIащ, сом мелуан 28,1-рэ я уасэу.

КЪАЛЭН НЭХЪЫЩХЬЭХЭР ЯУБЗЫХУ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Зэрыхабзэу, ар Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ къызэIуахащ. ЗэIущIэм щIэсащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ - УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ УФ-м Феде­ральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ.

НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я КЪЭХУТЭНЫГЪЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым мазаем и 8-м щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм я проектхэр щагъэлъагъуэ XVIII зэхыхьэр. Ар, зэрыхабзэу, къызэрагъэ­пэщащ Урысей щIэныгъэм и махуэм техуэу. 

ЗЭФIЭКIХЭР ЗЫГЪЭБАГЪУЭ

ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академиер къызэрыунэхурэ илъэс 300 зэрырикъур Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щIэныгъэхэмкIэ   и центрым щагъэ­лъэпIащ. Iуэхур къызэIуахащ иджырей техно­логиехэм я гъэ­лъэ­гъуэ­ныгъэкIэ. Робот зэмы­лIэужьы­гъуэ­хэр, гъавэм зэрелэжь Iэ­мэ­псы­мэхэр, программэ щхьэ­­хуэхэр зыхэщIыхьа ком­пью­терхэр, тхылъхэр - куэд мэхъу хьэщIэхэм ирагъэлъэгъуар.

ЗЭМАНЫМ И ПСЫЕЖЭХЫМ

КъБР-р илъэсищэ зэзырикъум и цIэр зезыхьэ паркым деж щыIэ павильоным къыщызэIуахащ дизайнер, дэрбзэр цIэрыIуэ Сэралъп Мадинэ и гъэлъэгъуэныгъэ. «Зэманым и псыежэхым» зыфIища Iуэхум хохьэ сурэтхэмрэ адыгэ фащэм и дыкIэ щхьэхуэхэр къыщыгъэсэбэпауэ 2020 - 2022 гъэхэм яда щыгъынхэмрэ.

АРАШИ КАРАТЭМКIЭ ЗЭПОУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, «Урысейр спорт къэралыгъуэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту иджыблагъэ Саратов къалэм щекIуэкIащ «Федерацэм и Кубокыр» араши каратэмкIэ (арашидо) къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмену 200-м щIигъу, ди республикэм икIа зэуакIуэ 19 яхэту. 

ДЫЩЭ МЕДАЛЫМ НЭСАХЭКЪЫМ

Владикавказ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. «Wrestlers of KBR» телеграм-каналым къызэритамкIэ, Осетие Ищхъэрэ – Аланием и къалащхьэм щызэпеуахэщ Кавказ Ищхъэрэм и бэнакIуэ ныбжьыщIэу 280-м щIигъу.

ПЩЫМ Я ПЩЫЖ ИНАЛ НЭХУ

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэм хэткъым лIыхъужь икIи пщышхуэ Инал нэхъ цIэрыIуэрэ пщIэ зыхуащIрэ. Абы къехъулIащ адыгэщIхэр къэрал ищIу лъэпкъыр зэкъуигъэувэну.
Инал щыпсэуамрэ и тепщэныгъэмрэ хуэпхь хъунущ 15-нэ лIэщIыгъуэм и пэхэм. Пщышхуэм теухуа тхыгъэхэм уащыхэплъэкIэ, къыбохутэ ар къызытехъукIар адыгэ-мамлюкхэм, Мысырымрэ Щамымрэ тепщэныгъэ щызыIыгъахэм, зэращыщыр. 

ЩIЫIУБ НЭФЫМ И ГЪУЭ

Дызыхиубыдэ къэщIыгъэ абрагъуэу «Вселеннэ» зыфIащар арами, абы хуагъадэ адрей нэрымылъагъухэр арами, къэухь иныщэу иIэу зыхужаIэр цIыху къарукIэ зэлъэгъэIэсыным зэману текIуэдэнур дызэрыщымыгугъауэ мащIэ дыдэ щIынымкIэ хьэршым къыщахута Iэмалхэм я нэхъ пажэу астрофизикхэм мы зэманым къызэдалъытар «кротовая нора» («щIыIуб нэфым и гъуэ» е «хьэмбылу зэпрыщыпIэ») цIэр зытрагъэIукIа къэщIыгъэ телъыд

ЕДЖАКIУЭХЭМ ЯIУЩIАЩ

Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ епха щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным, абыхэм япэщIэтыным теухуа Iуэхугъуэхэр щызэпкърах, упщIэхэм жэуап щрат зэIущIэ Шэрэдж щIыналъэм ит, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке