|
Статьи на кабардинском языке
9 февраля, 2024 - 12:02
Мэзкуу къалэм и «Олимпийская деревня-80» спорт ухуэныгъэм иджыблагъэ щекIуэкIащ УФ-м и къалащхьэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ бэнакIуэхэу зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэр.
9 февраля, 2024 - 07:01
Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, 2024 гъэм «Экологие» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ республикэм и мэзхэм ящыщу гектари 117-м жыгыщIэ цIыкIухэр щагъэтIысынущ, жылэхэр щыхащIэнущ.
9 февраля, 2024 - 06:03
Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм жыг хадэ зезыхьэ, мыIэрысэм елэжь IуэхущIапIэхэм ящыщу IэрыщI щIыгъэпшэрхэр, химие пкъыгъуэхэр, цIыхум и узыншагъэм зэран хуэхъу нэгъуэщI гуэрхэри къамыгъэсэбэпу къагъэкIа пхъэщхьэмыщхьэу зэрыщытым щыхьэт техъуэ сертификат япэу зратар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэрэдж щIыналъэм щыIэ «Гъавэ бэв» IуэхущIапIэрщ.
9 февраля, 2024 - 05:21
Шэджэм щIыналъэм жьы хъуа бжьамийхэр зэхъуэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр щокIуэкI. Псалъэм къыдэкIуэу, дызэрыт илъэсым Шэджэм Ипщэ къуажэм къыщагъэщIэрэщIэжынущ псори зэхэту километри 3,2-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр.
8 февраля, 2024 - 06:20
Къуажэ гъащIэ
УФ-м «Къуажэхэм зегъэужьын» и къэрал программэр гъэзэщIэным Къэбэрдей-Балъкъэрым 2024 гъэми щыпащэнущ.
Iуащхьэмахуэ щIыналъэм зи гугъу тщIы программэм хыхьэу IуэхущIапIэу 4-м псы езышалIэ бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ, къищынэмыщIауэ сабий сад, спортым щыхуагъасэ школ, ныбжьыщIэхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ центр иджырей мардэхэм къитIасэу щызэрагъэпэщыжынущ.
8 февраля, 2024 - 06:19
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрым интеллект IэрыщIымрэ робототехникэмрэ ятеухуа зэхуэс гъэщIэгъуэн иджыблагъэ щекIуэкIащ.
8 февраля, 2024 - 06:03
Нейрон зэIущэр, зэхэщIыкI IэрыщIыр ди гъащIэм къыхыхьэпащ псом хуэмыдэу иужьрей зэманым. Интернет напэкIуэцIхэм куэдрэ дыщрохьэлIэ цIыхухэм ар къагъэсэбэпурэ теплъэ щхьэхуэхэр зэхагъэувэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, лъэпкъ щхьэхуэм къыхэкIа бзылъхугъэм е цIыхухъум и напэпкъыр абы ищIыфынущ программэкIэ, е цIыхур иригъэплъыжыфынущ хуэгъэфэщауэ жьы хъуа нэужь иIэну теплъэм.
8 февраля, 2024 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым фэтэр куэду зэхэт унэу 67-рэ къызыхуэтыншэу щызэрагъэпэщыжынущ 2024 гъэм къриубыдэу, лифту 22-рэ абыхэм щызэрахъуэкIынущ. Лэжьыгъэхэр щекIуэкIынущ республикэм и щIыналъэ псоми.
7 февраля, 2024 - 12:02
«Къуажэ дохутыр» программэмкIэ мы илъэсым республикэм медицинэ лэжьакIуэу 26-рэ IэнатIэкIэ къыщызэрагъэпэщынущ. Ахэр ягъэкIуэнущ район сымаджэщхэм я къудамэхэу къуажэхэм дэт амбулаторэхэм.
7 февраля, 2024 - 09:25
Къэхъугъэ телъыджэхэмкIэ зи гъащIэр гъэнщIауэ щыта, ныбжьэгъу пэжхэмрэ жагъуэгъу гущIэгъуншэхэмрэ зи бэу дунейм тета, гупсэхугъуэмрэ ажалымрэ я зэхуаку къыдэкIыу къэгъуэгурыкIуа...
Страницы
|