ДЫЩЭ МЕДАЛЫМ НЭСАХЭКЪЫМ

Владикавказ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ КИФЩI-м и щIыналъэхэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. «Wrestlers of KBR» телеграм-каналым къызэритамкIэ, Осетие Ищхъэрэ – Аланием и къалащхьэм щызэпеуахэщ Кавказ Ищхъэрэм и бэнакIуэ ныбжьыщIэу 280-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ящыщу зэхьэзэхуэм дыжьын медалхэр ди щIалитIым къыщахьащ. Килограмм 6I-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Iэщын Алихъан зэпеуэм и кIэух зэхьэзэхуэр иригъэхьащ Дагъыстэным щыщ Мажидов Анзор. Килорамм 97-рэ хъухэм я деж зыкъыщызыгъэлъагъуэ ЕхъулIэ Азэмэти хузэфэкIакъым кIэух зэхьэзэхуэр хэгъэрей бэнакIуэ Карсанов Хетаг къыфIихьыну. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, дыщэ медалхэр Осетие Ищхъэрэ - Аланием къыщынэжащ.
Иджы ди щIалитIыр хэтынущ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуауэ екIуэкIыну зэхьэзэхуэм. Мыбы ипэкIэ апхуэдэ Iэмал зригъэгъуэтащ Сыбыр федеральнэ щIыналъэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм дыжьын медалыр къыщызыхьа Улымбащ Аслъэнбэчи. 
ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ