КЪАЛЭН НЭХЪЫЩХЬЭХЭР ЯУБЗЫХУ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ гъатхэ лэжьэгъуэм и япэ зэIущIэр иригъэкIуэкIащ. Зэрыхабзэу, ар Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал гимнхэмкIэ къызэIуахащ. ЗэIущIэм щIэсащ КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ - УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбийрэ УФ-м Феде­ральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Зауррэ.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, Егоровэ Татьянэ къы­теувыIащ гъатхэ лэжьэгъуэм депутатхэм гулъытэ зыхуащIын хуей Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм. 
- КъБР-м и Парламентым мы иджырей и зэхы­хьэгъуэм и иужьрей гъатхэ лэжьэгъуэр нобэ къы­зэIудох. Ар къэтлъытэу, нэхъри зэщIэкъуауэ, жэуап­лыныгъэ тхэлъу ди къалэнхэр дгъэзэщIэн хуейуэ къызолъытэ, - жиIащ Егоровэм. - Псом хуэмыдэу Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэр тэ­мэму зэрекIуэкIынум ди нэIэ тетын хуейщ. Зэрыф­щIэщи, ди къэралым дежкIэ иджырей хэхыныгъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэнущ, ди къэкIуэнур зы­хуэдэнур игъэбелджылыуэ. Абы къыхэкIыу сыхуейт хэхыныгъэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым сыт и лъэ­ныкъуэкIи законым тету къызэгъэпэщауэ щекIуэ­кIыну, дэтхэнэ хэхакIуэми и еплъыкIэр фIыуэ егуп­сысауэ къигъэлъэгъуэну. Апхуэдэуи адэкIэ пыт­-щэн хуейщ дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дазэрыдэIэпыкъум. «Хэкум и хъумакIуэхэр» къэрал фондым и къудамэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрми къызэрыщызэIуахам и мызакъуэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и жэрдэмкIэ, республикэм щыдогъэзащIэ «ЛIыхъужь­хэм я бынхэр» зыфIэтща Iуэхури. Депутат къэс унагъуэ щхьэхуэхэм я нэIэ тетщи, адэкIи абы и лъэ­ныкъуэкIэ дылэжьэн хуейщ. Ди лIыхъужьхэм яхуэфащэ гулъытэ егъэгъуэтыпхъэщ. Шэч хэ­мы­лъу, дызэлэжьын хуейхэм ящыщщ ди лъэпкъ ­щэнхабзэмрэ зэхущытыкIэхэмрэ тхъумэнымрэ ди щIалэгъуалэр хэкупсэу къэдгъэхъунымрэ. Зэрыф­щIэщи, Урысейм и Президентым и УнафэкIэ, 2024 гъэр Унагъуэм и илъэсу ягъэуващ. Ди пашэм Iэ щIидзащ бынунагъуэшхуэхэм зэрадэIэпыкъунум теухуа унафэм. Абы ипкъ иткIэ, бынунагъуэшхуэу Урысейм къыщалъытэ сабиищрэ нэхъыбэрэ зиIэ­хэр. Дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуащ къэралыр абы­хэм зэрадэIэпыкъуну щIыкIэр. Абы щыгъуэми щIыналъэ къэс хуитщ бынунагъуэшхуэхэм зэрызы­щIагъакъуэ Iэмалхэм дыщIагъуну. Мы Iуэхум и лъэныкъуэкIи цIыхухэм я Iуэху еплъыкIэхэр къэт­лъытэу, жэрдэм къыхэтлъхьэну сфIэкъабылщ. ­КъищынэмыщIауэ, гъатхэ лэжьэгъуэм егъэджэ­ныгъэм, узыншагъэр хъумэным, цIыхухэм я псэу­кIэр зэIузэпэщ щIыным ехьэлIауэ къыхэтлъхьэ дэтхэнэ законопроектри и кIэм нэдгъэсын хуейщ, зэхыхьэгъуэщIэм Iуэху ныкъуэщI къыхуэдмыгъа­нэу. Фигу къэзгъэкIыжыну сыхуейт депутатхэм я къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм зэращыщыр, хэха­кIуэхэм жаIэм едаIуэ къудей мыхъуу, зи гугъу ящI гугъуехьхэр зыхуэдэр зыхащIыкIыныр. Къыхэзгъэ­щынщи, лэжьыгъэ гугъу къытпэщылъщ, икIи дэтхэнэми и къалэныр зэригъэзащIэм теухуауэ щытынущ диIэну ехъулIэныгъэри.
ЗэIущIэм Налшык суд IуэхущIапIэ №15-м зэзыгъэкIуж хеящIэу щыхахащ Безрокъуэ Маринэ. Депутатхэр арэзы техъуащ «КъБР-м юридическэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу зэрыщратым теухуа­уэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэ­ным и IуэхукIэ, «КъБР-м туризмэм зыщегъэу­жьы­ным ехьэлIауэ» КъБР-м и Законым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» «КъБР-м физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ ехьэлIа Iуэхухэр къыщы­зэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 6, 9-хэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законхэм я проектхэм. 
Ульбашев Мухьэрбий зэIущIэм къыщызэщIи­къуэжащ 2023 гъэм и бжьыхьэ лэжьэгъуэм зэ­фIагъэкIа Iуэхухэр. Сенаторым зэрыжиIамкIэ, къалэн нэхъыщхьэу ягъэзэщIахэм ящыщщ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я уна­гъуэхэмрэ зэрызыщIагъакъуэ IэмалыщIэхэр яубзыхуу къызэращтэжар. Псалъэм папщIэ, ахэр пенсэ ахъшэкIэ къызэгъэпэщыныр, егъэджэныгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмрэ ехьэлIауэ хуэгъэ­кIуатэ щыIэхэр нэхъыбэ яхуэщIыныр зрагъэхъу­лIащ. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм Iэмал яIэщ еджапIэ ­нэхъыщхьэхэм квотэ щхьэхуэхэмкIэ щIэтIысхьэну, я бынхэр чэзум хэмыту школхэмрэ сабий гъэсапIэхэмрэ къащтэну. 2024 гъэм и кIэ пщIондэ СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ятелъ кредит щIыхуэр щамыт я пIалъэм хущIагъуащ. Ульбаше­вым къыхигъэщащ КъухьэпIэ къэралхэр Урысейм зэран къыхуэхъуну иужь щит зэман мытыншым хэту 2024 гъэм и бюджетыр зэхагъэувэн хуей зэ­рыхъуар, ауэ гугъуехьхэм емылъытауэ, республикэм и бюджетыр зыхуэдэ хъуам арэзы укъызэ­рищIыр. Апхуэдэу бюджетым къыдыщIагъум процент 12-кIэ хагъэхъуащ, икIи сом мелард 20-рэ ­мелуан 200-м щIигъу ар хъуну къабжащ. Сенаторым жиIащ, лъэпкъ Iуэхухэм хыхьэу, 2023 гъэм республикэм щIыналъэ проект 45-рэ зэрыщагъэзэщIар, псоми зэхэту сом мелард 12 я уасэу. 
Ульбашев Мухьэрбий фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым, республикэ унафэщIхэм, адэкIи жыджэру зэдэлэжьэну зэригуапэри дыщIигъуащ.
ЗэIущIэм хэтахэр едэIуащ УФ-м ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыIэм 2023 гъэм зэфIигъэкIами. 
Унагъуэхэм щызекIуэ хабзэхэр Урысей Феде­рацэм нэхъ быдэ щыщIыным теухуауэ къэралым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ зэIущIэм и Iуэху еплъыкIэ къыщигъэлъэгъуащ «Родина» урысей­псо политикэ партым и щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI, сымаджэ хьэлъэхэмрэ ныкъуэдыкъуэ­хэм­рэ защIэгъэкъуэнымкIэ «Милосердие 07» IуэхущIапIэм и унафэщI Кузьминов Олег.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.