АРАШИ КАРАТЭМКIЭ ЗЭПОУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, «Урысейр спорт къэралыгъуэщ» къыхуеджэныгъэм щIэту иджыблагъэ Саратов къалэм щекIуэкIащ «Федерацэм и Кубокыр» араши каратэмкIэ (арашидо) къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм я спортсмену 200-м щIигъу, ди республикэм икIа зэуакIуэ 19 яхэту. 
КъБР-м и «Arashi Team» командэм и спортсменхэр я ныбжьрэ хьэлъагърэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Абазэ Мурат (кг 30), БищIо Iэдэм (кг 50), Индрей Тамирлан (кг 60), Къуэдз Алий (кг 65-рэ), Байрамуков Магомед (кг 60), Асеев Алим (кг 70), Щэмырзей Инар (кг 80), Къуэдз Исмел (кг 80), ПщыхьэщIэ Марат (кг 70), Гулиев ДжабрэIил (кг 75-рэ), Бэдракъ Ахъмэт (кг 80), Къуэшырокъуэ Инал (кг 85-рэ) сымэ.
Абыхэм нэмыщI дыжьын медалу 5-рэ домбеякъыу I-рэ къахьащ ди щIалэхэм икIи апхуэдэ щIыкIэкIэ гуп зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм япэ увыпIэр щиубыдащ. Дауи, ехъулIэныгъэшхуэщ апхуэдиз цIыху щызэхуэса зэпеуэм республикэм и лIыкIуэхэм бжьыпэр зэрыщаубыдар, дяпэкIи ехъулIэныгъэщIэхэм ущызыгъэгугъщ.
«Arashi Team» клубыр зэхьэзэхуэм хуэзыгъэхьэзыр ДыщэкI Мухьэмэдрэ Калоев Аланрэщ. 

ХЬЭЩIЭХУЭФI Даут.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ