ЕгъэджакIуэхэр зэрыщIэмэ…

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм адыгэбзэр курыт еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ щегъэщIэным нэхъыбэу зи нэIэ тетхэм ящыщщ Шапсыгъ Адыгэ Хасэр,  ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетыр, Краснодар крайм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и департаментыр, краймрэ Адыгэ Республикэмрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ я министерствэхэр, АР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтыр, Адыгэ къэрал университетыр, Сочэрэ ТIуапсырэ я администрацэхэм егъэджэныгъэмкIэ я къулыкъущIапIэхэр, еджапIэхэм я унафэщIхэр. ЕгъэджакIуэхэр зэгъусэу зэдолэжь мы Iуэхум. 

Адыгэбзэр хъума хъуныр, анэдэлъхубзэм и зэгъэщIэкIэ Iэмалхэр Жылагъуэ парламентым жыджэру хэтхэм дунейпсо, федеральнэ, хэгъэгу мыхьэнэ зиIэ зэхыхьэ-хэм къыщаIэту къокIуэкI. Апхуэдэу щытми, нобэ абы и Iуэху зыIутым уегъэгумэщI, анэдэлъхубзэр зыIурылъхэм я бжыгъэр мащIэ зэрыхъум уигу фIы ищIыркъым. 
- Ди пщэрылъ нэхъыщхьэр щIалэгъуа­лэм бзэр зэредгъэщIэн Iэмалхэр къэд­гъуэту гъащIэм хэтпщэн хуейуэ аращ, армыхъумэ, къытщIэхъуэ щIэблэм лъэп-къыбзэр ящIапхъэу зэрыщытым ды­теп­сэ­лъыхь къудейкIэ зэфIэкIынукъым, - жеIэ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ КIэ-      кIыхъу Мэжид. - ИтIани, адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу щIыпIэхэм, псалъэм папщIэ, ШэхэкIей, Хьэджыкъуэ, Агуий-Шапсыгъ, Псыбэ дэт еджапIэхэм адыгэбзэр щебгъэджынымрэ лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм къахэкIа еджакIуэхэр куэду зы-щIэс еджапIэхэм, псалъэм папщIэ, Псы­фIыпэ, Шэхапэ, Ашапэ, Мэкъупс, Совет-Къуажэ, ТIуапсы, ЦIэпс, Нэджыпсыхъуэ, Небуг, Гъуакъуэ, Агуяпэ жылэхэм дэтхэм щызэрагъэщIэнымрэ зэхуэдэкъым. Адыгэ къуажэхэм дэс сабийхэм бзэр ебгъэщIэ-ныр гугъукъым, ауэ къалэ еджапIэхэм екIуалIэхэм пхуегъащIэркъым. Мыбы ехьэ­лIауэ грант дэIэпыкъуныгъэр зы хэкIыпIэу солъытэ. 
Сочэ къапщтэмэ, абы хыхьэ къуажэхэу ШэхэкIейрэ Хьэджыкъуэрэ дэс еджакIуэ 322-м адыгэбзэр хъарзынэу ирагъащIэ. ТIуапсы районым щыпсэу адыгэ уна­гъуэхэм къыщыхъу сабийуэ зи анэдэлъ-хубзэр зэзыгъащIэхэм я бжыгъэр 207-рэ мэхъу. Ахэр Гъуакъуэ, Агуий-Шапсыгъ, Псыбэ дэсхэрщ. 
Мы IэнатIэм пэрыт егъэджакIуэхэм я ­лэ­жьыгъэм зыщрихьэлIэ гугъуехьхэр къа­Iуатэ зэпытщ. Нэхъыщхьэр еджапIэм ­щрагъэдж дерсхэм ящыщу адыгэбзэр ­мащIэ-мащIэурэ къызэрыпагъэкIуэтырщ. ЕтIуанэрауэ, егъэджэныгъэм къыщагъэ­сэбэпын пособие, программэ, методикэ, художественнэ тхылъхэр я мащIэщ. Зэ­рырагъаджэ  тхылъхэр жьы зэрыхъурэ куэд щIащ. КъищынэмыщIауэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм я щIэныгъэмрэ Iэзагъымрэ щыхагъахъуэ курсхэр щыIэн хуейщ. 
Лъэпкъыбзэм зымащIэкIэ зигу щIэуз дэтхэнэ зыми и хъуэпсапIэщ адыгэбзэр езыгъэджхэм я зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщыныр. Мис абы щыубзыхун хуейр куэд дыдэ мэхъу. Сабий IыгъыпIэхэмрэ еджапIэхэмрэ адыгэбзэмкIэ я пэшхэр зы­хуей  хуэзэу  къызэгъэпэщын хуейщ, лъэпкъ нэщэнэхэр щынэрылъагъу плIанэ­пэ­хэр яIапхъэщ. 
Краснодар, Мейкъуапэ, Налшык щыщ лIыкIуэхэр зыхэта видео-конференцым къыщыпсэлъащ Адыгэ Республикэм Гу­манитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал ­институтым и къудамэм и унафэщI Ан­сыкъуэ Сурэт. Абы я гугъу ищIащ адыгэбзэр егъэджыным ехьэлIауэ щIэныгъэлI-хэм зэфIагъэкIхэм. Я лэжьэгъу Сытымэ Сарэ анэдэлъхубзэр хъума хъунымкIэ мы­хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэхэр утыку кърихьащ. 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм мы Iуэхум ехьэ­лIауэ зэфIиххэм къызэхуэсахэр щигъэ­гъуэзащ АнэдэлъхубзэмкIэ комитетым и унафэщI Щоджэн Iэминат. 
Езыхэм я еплъыкIэр къагъэлъагъуэу къэпсэлъащ Шапсыгъ Адыгэ Хасэм и ­тхьэмадэм и къуэдзэ ЛIыфэ Хъэлидрэ Хасэм хэт Куэблэ Мадинрэ. 
Мы зэIущIэм кърикIуауэ дэ дызыщы­гъуазэр Агуий-Шапсыгъ къуажэм адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр и жэрдэмщIа-       кIуэу Сочэрэ ТIуапсырэ дэт школхэм адыгэбзэр щезыгъэджхэр зыхэт зэгухьэ­ныгъэ къызэрызэрагъэпэщарщ. Пэжщ, иджыпсту мессенджер Iэмалым  тетущ зэрагъэпсар, ауэ егъэджакIуэхэр я лэжьыгъэм и пIалъэкIэ щызэхъуэжэнымкIэ, къэув гугъуехьхэм зэгъусэу хэкIыпIэ къы­хуа­гъуэтынымкIэ ар IэмалыфIщ. Нэхъыщхьэращи, псыпэр зрикIуэм псыкIэри ирожэ жаIэ, ар лъабжьэ хуэхъунщи, зэгухьэныгъэ лъэщ къэунэхунщ. 

Ныбэ  Анзор. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.