«Гъатхэр къосри, удзхэр къокI…»

Гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ ди щIыналъэм щизых пцIащхъуэ цIыкIухэр къэ­лъэтэжыным къэнэжа щIагъуэ щыIэкъым. Я бзэрабзэ макъымкIэ дунейр ягъэдахэу, пцIащ­хъуэ кIэдыкъуакъуэхэр унэ щIыхьэпIэхэм, гуэщ­хэм я бжыкъухэм къытетIысхьэнущ, япэ махуэхэм щIадзэнурэ къращIэкIынущ я абгъуэхэри.

Апхуэдэу ахэр нобэм къэс къыддекIуэкIащ, ауэ иужьрей илъэсхэм зэуэ зихъуэжащ щытыкIэм; дэнэ­кIи зыщыплъыхьи, плъа­гъур хьэпцIащхъуэхэрщ. Ахэр зэрызехьэрэ зэщIэфиеу къуажэ пщIантIэхэм зэрыдохьэри, ипщхьэпIэ зэв цIыкIу фIэкIа зимыIэ абгъуэ хъуреябзэхэр щхьэгъубжэ блыпкъхэм кIэщIащIыхь, зэрыпхуIугъэщти щымыIэу. ЗэрыфщIэщи, пцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэ­хэм я абгъуэхэр ятIэмрэ хьэуазэ шхийхэмрэ Iэбы­дэлъэбыдэу къыхащIыкI. ХьэпцIащхъуэхэм ятIэ къудей мыхъумэ, нэгъуэщI зыри халъхьэркъым, аращ уэшхым тыншу къыщIрилъэсэхри. Ахэр нэхъыбэ къохъу, мыдрей кIэдыкъуа­къуэ цIыкIухэм я бжыгъэм нэрылъагъуу хощI.
А пцIащхъуэ лIэужьы­гъуэхэр зэхэмызагъэуи гу лъыптэркъым, арщхьэкIэ зэхуэхамэгу-хамащхьэщ. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, хьэпцIащхъуэхэм я псэупIэр хым пэмыжыжьэ къырхэрщ, къалэ кIуэцIхэрщ. Иужьрей зэманым ахэр къуажэхэм нэхъ кIуэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэу къалъытэ къалэ кIуэцIхэм щекIуэкI ухуэныгъэ инхэр, жьы къабзэ зэрыдэмытыр, щIыуэ­псым игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр. ПцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэхэр нэхъ мащIэ хъуауэ жаIэркъым, хьэп­цIащхъуэхэр къащытезэ­рыхьым деж нэхъ лъэныкъуэ зрагъэзу хуагъэфащэу аркъудейщ. Ахэр я­ ­теплъэкIэ зэщхь пэтми, бзу лIэужьыгъуэ зырызущ къызэралъытэри. КIэдыкъуакъуэхэр къуажэ гъащIэм ещхьу щымщ, зэрызехьэуи, къызэрехьэкIыуи плъагъуркъым икIи ахэр зыкIи ебгъапщэ хъунукъым къырхэмрэ къалэхэмрэ я щIыуэпсым и ­хабзэ ткIийм тету псэу къуа­лэбзухэм. 
Шэрэдж  Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.