Статьи на кабардинском языке

ЗАХУАГЪЭМ И ДАМЫГЪЭ

2023 гъэм илъэс 78-рэ ирокъу Те­кIуэныгъэ Иныр ди къэралым къы­зэрихьрэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къэралым и лъэр щIауду зыIэщIалъхьэжыну иужь щихьэм, ди хэкум лъэпкъыу исыр зылI и быну зэкъуэувэри, бийм пэуващ. Махуэ 1418-кIэ екIуэкIа зауэм цIыху мелуан 27-рэ хэ­кIуэдащ.

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIащ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ тхыдэ Iуэхугъуэр. Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр щIэрыщIэу къызэзыгъэдзэкIыж а гукъэкI дахэр хуэунэтIащ цIыхубэм тхыдэм теухуауэ щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэным, зи лъахэрэ зи лъэпкърэ фIыуэ зылъагъу щIэблэ къэгъэтэджыным.

МЫЛЪКУ ПИРАМИДЭ

КъызэрабжамкIэ, иужьрей илъэсипщIым къриубыдэу 20I9 гъэращмылъку пирамидэ нэхъ ин дыдэ дуней псом щыщыIар. США-м и закъуэ а илъэсым цIыхубэр къыщагъэпцIащ доллар меларди 3-рэ ныкъуэкIэ. Къапщтэмэ, ахъшэкIэ цIыхухэр къагъэпцIэным илъэс 300 тхыдэ иIэщ.

ДЫЩЭ КIАПЭХЭР

Гупсысэхэр

Дыкъэзыухъуреихь дунейр дахащэщ! ЩхъуантIагъэм игъэнщIа жыгыщхьэхэр зи хэщIапIэ къуалэбзухэм цIыхупсэхэм уэрэд телъыджэхэр къыхураш. Дыгъэм и бзийхэр джэгу щIыкIэурэ щIылъэм къыхуогуапэ. Арагъэнущ дыщэ кIапэхэр жыгыщхьэ удзыфэхэм моуэ къыхэплъу къыщIыпфIэщIыр. Псори мэгуапэ, мэщыгъэ, мэгъагъэ.

АПТЕКЭХЭР КЪЫЩЫУНЭХУАР

Гигее и дамыгъэр

ДАКЪИКЪИПЩI ЗЫТЕКIУАДЭ ЛЪЫШЭ

Марсыр къэгъэIурыщIэным цIыхухэр зы лъэбакъуэкIэ нэхъ гъунэгъу хуэхъуащ. 
ЩIэныгъэлIхэм ар жаIащ тхыдэм щыяпэ дыдэу Къэмыланджэ (Perseverance) марсырыкIуэ роверым пкъралъхьа MOXIE (Mars Oxygen ISRU Experiment) Iэмэпсымэ цIыкIум «планетэ» плъыжьым» и хьэуам узэрыбауэ хъун лъышэ (кислород) «Iэбжьыб» къызэрыхиIущIыкIыфам щыхьэт техъуа иужькIэ.    

УЭШХ ФIЫЦIЭМ И ЩХЬЭУСЫГЪУЭР

Иужьрей зэманым кIэщI-кIэщIурэ долъагъу уэшх фIыцIэ къызэрешхыр. Абы, дауи, цIыхухэр ирогузавэ. Япэрауэ, зэхэгъэкIыпхъэщ уэшхыр зищIысымрэ ар къыздикIымрэ.

ДАГЪЭ ЕГЪЭФА КХЪУЖЬ ФШХА?

ГъащIэ теплъэгъуэ

ГУГЪЭМ И КХЪУХЬ ТЕДЗАПIЭ МЫЩТЫЖХЭР

Аращ зэреджэр Хэку зауэшхуэм и напэкIуэцIхэр щIэрыщIэу къызэзыгъэдзэкIыжу, абы нэгъуэщIынэкIэ хэплъэжу иджыблагъэ дунейм къытехьа тхыдэ фильмым. МащIэкъым а зауэм теухуауэ трахар, нэхъыбэжи тратхыхьащ, апхуэдэу щыт пэтми, къэтIэща мыхъуа, нэсу зэхэмыгъэкIа Iуэхугъуэхэр куэд дыдэ мэхъу. Урысейм и ИщхъэрэщIхэм (Заполярье) щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм я пэжыр нобэр къыздэсым щызу джа хъуакъым.

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУМ ДЫЩIИМЫГЪЭНЭН ПАПЩIЭ

Нобэ ЩIым щыпсэу цIыху бжыгъэм хуэдиз зэуэ дунейм щытета къэхъуакъым - меларди 7,5-рэ дохъу. ЗэрыгурыIуэгъущи, иджы хуэдэу кIэрыхубжьэрыху куэд зэи щыIакъым. 
Куэншыбрэ кIэрыхубжьэрыхуу губгъуэм иткIутэр, псым хэткIутэр Iэужьыншэ хъукъым: абыхэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къахокI, псэущхьэхэмрэ хьэкIэкхъуэкIэхэмрэ зэран яхуохъу, хьэуар, псыр яуфIей. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке