Фэгъазэм узэрыпэщIэтыфынур

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм республикэм фэгъазэ (корь) узыфэмкIэ щыIэ щы­тыкIэм теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэу эпидемиолог Петровэ Мединэрэ узыфэ зэрыцIалэхэмкIэ дохутыр Бер Риммэрэ, ведомствэм сабийхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэ­ты­нымрэ цIыхубзхэм лъхугъэм зы­щыхуагъэхьэзырми иужькIи якIэ­лъы­плъыныр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Щоджэн Юлие, «Роспотребнадзор»-м и упра­в­­ленэу республикэм щыIэм эпиде­мио­логие кIэлъыплъыныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщIым и къуэдзэ Мырзэкъан Каринэ сымэ.

- Мы гъэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ Урысейм фэгъазэ узыфэр япкърыту сымаджэ 900 щатхащ. Къэбэрдей-­Балъкъэрым и гугъу пщIымэ, ди жа­гъуэ зэрыхъунщи, цIыхуитI къыщахутащ: сабийм узыр зэрыпкърытым лабораторэ къэхутэныгъэр щыхьэт те­хъуащ, балигъым и Iуэхур иджыри наIуэ хъуакъым, - жиIащ Петровэ Мединэ. - Сымаджэ хъуа сабийр Дагъыстэн Республикэм пIалъэ гуэркIэ щыIащ. Эпидемие къэхутэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, фэгъазэр къы­зэуэлIахэм узым зэрыпэщIэт мастэр зыхрагъэлъхьатэкъым. Узы­фэм псынщIэу зэрызиубгъур къэп­лъы­тэмэ, щытыкIэр узыгъэгузавэщ. Абы къыхэкIыу балигъхэр а Iуэхум жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдыхьапхъэщ, ахэр егупсысын хуейщ я щхьэм и мызакъуэу, къэзыухъуреихьхэми зэ­ран зэрахуэхъур. Псом хуэмыдэу зы­кIэлъыплъыжын хуейщ цIыху куэ­дым яхэтхэр. 
Мырзэкъан Каринэ и гугъу ищIащ иужьрей илъэсхэм а мастэр зыхезмыгъалъхьэхэм я бжыгъэм зэрыхэхъуэм, абы нэгъуэщI узыфэ шынагъуэхэр ­къигъэхъеинкIэ зэрыхъунум. Абы къы­зэрыхигъэщамкIэ, узыфэм зэрыпэ­щIэт мастэр сабийхэм тIэу халъхьэн хуейщ: япэр илъэс щыхъум, итIанэ илъэси 6 ирикъуа нэужь. А вакцинэр зрахьэлIа сабийм фэгъазэр къыпкъ­рыхьэнкIэ шынагъуэ щыIэнукъым. 
- Фэгъазэр нэхъ псынщIэу зызы­у­бгъу икIи къыппкърыхьэ узыфэ зэрыцIалэхэм ящыщщ, - жиIащ Бер Мадинэ. - Балигъхэмрэ ныбжьыщIэ­хэмрэ фэгъазэр нэхъ хьэлъэу икIи кIыхьлIыхьу ирахьэкI. Абы и мастэр я бынхэм хезыгъэIун зымыдэ адэ-анэхэм я бынхэм я узыншагъэр, я гъащIэр щытыкIэ шынагъуэ ирагъэувэ.
Щоджэн Юлие къыхигъэщащ илъэс ирикъуа сабий псоми фэгъазэм зэ­рыпэщIэт мастэр Iэмал имыIэу халъ­хьэн зэрыхуейр. Абы и лъэныкъуэкIэ абы и нэIэ щIэт IэнатIэм лэжьыгъэ­шхуэ ирагъэкIуэкI, мастэр я бынхэм хезыгъэлъхьэн зымыдэ сабийхэм я адэ-анэхэм чэнджэщ-ущииныгъэ псалъэмакъхэр драгъэкIуэкI. 
- Дэ ткIийуэ дыкIэлъоплъ фэгъазэм щызыхъумэ мастэр зэрыхалъхьэм, зэрыхъукIи абы нэхъыбэ къызэ­рызэ­щIедгъэубыдэным дыхущIокъу, - жи­Iащ Щоджэным. - Бжыгъэхэм ятещIыхьауэ къапщтэмэ, зи ныбжьыр илъэс хъуа сабийхэм я процент 96,7-р, илъэси 6 ныбжьым итхэм я процент 95-м вакцинэр ирахьэлIащ. Узыр къе­зыхьэкI вирусыр гъэкIуэдыгъуейщ, ар Iубахъэм хэту цIыхум къыпкърыхьэу аращ икIи апхуэдэ сымаджэм езым уримыхьэлIэми, ар здэщыIа щIыпIэм укъыщыхутамэ, шэчыншэу узыр къэбубыдынущ. ЩыIэщ а мастэр зыхалъ­хьэ мыхъуну сабийхэр, ауэ ахэр узым щыпхъумэфынущ абы и хъуреягъым щыIэхэм фэгъазэм зэрыпэщIэт вакцинэр ирагъэщIамэ. Зыщывмы­гъэгъуп­щэ: фэгъазэм узэрыпэщIэ­ты­фынур зы Iэмалщ - ар узым ущызы­хъумэ вакцинэр зыхегъэлъхьэнырщ.

ЩхьэщэмыщI  Изэ.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ

17.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭ ИНЫМ ТЕУХУА КОНЦЕРТХЭР

ТекIуэныгъэ Иным и махуэшхуэр, къэралым и дэнэ щIыпIэми хуэдэу, Налшык къалэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ. 

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.