Тыншрэ щынагъуэншэу

УФ-м щылажьэ курыт школхэм я автопаркыр къэ­гъэ­щIэ­рэ­щIэжыным сыт щыгъуи гулъытэ щы­хуащI ди къэралым. А Iуэхугъуэм лъабжьэ хуэхъур «Къуа­жэм бгъэдэлъ зэфIэкIхэм хэ­гъэхъуэ­ныр» федеральнэ про­грам­мэращ. Абы ипкъ иткIэ ­УФ-м и Правительст­вэм фокIадэ мазэм унафэ ­къищтауэ щытащ апхуэдэ атомашинэ мини 4-м ­щIигъу школакIуэхэм пап­щIэ къызэращэхунумкIэ. Абы тету, ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэбэт кIуам курыт школхэм яритащ автобус 30. 

- Ди къэралым мы ­зэманым гулъытэшхуэ ­ще­гъуэт егъэджэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным, щIэ­ныгъэ зэзыгъэгъуэт щIэб­лэм сэ­бэп яхуэхъуным, - жиIащ КIуэ­кIуэм. - Курыт школхэр транс­-порткIэ къы­зэгъэпэщын Iуэхур къэ­ралым и Президент Путин Владимир и нэIэм щIэту зэфIэха мэхъу. Къэрал уна­фэщIым а лэжьыгъэр зэ­фIэхын зэрыхуейр Федеральнэ Зэхуэсым Зэ­ры­зы­хуигъазэм къыщигъэ­лъэ­гъуауэ щытащ. 
Ди республикэр илъэс зыбжанэ лъандэрэ хэтщ «Къуажэм бгъэ­дэлъ зэ­фIэкIхэм хэгъэхъуэныр» программэм. ЕджапIэхэм ящыщу автотранспорт хуэ­ныкъуэхэр зы­гъэбелджы­лыр щIыпIэ, школ уна­фэщIхэрщ. Правительст­вэм хуа­гъэхь лъэIу тхылъ­хэм япкъ иткIэ, абыхэм автобусхэр ират. Транспортыр къэщэхуным текIуадэ мылъкур федеральнэ бюд­жетым къыхокI. 
Мы программэр къызэ­ращ­тэрэ курыт школхэм яIэ­рыхьащ автомобили ­150-м щIигъу. Абыхэм я фIыгъэ­кIэ школакIуэхэр тын­шу икIи шынагъуэншэу еджапIэм нос икIи унэм йокIуэлIэж. Апхуэдэ Iэмалхэр иджы яIэ хъуащ республикэм и курыт еджапIи 118-м. Автобусхэр къагъэ­сэбэпу еджапIэхэм нобэ ­йокIуалIэ сабий 8800-рэ. Псом хуэ­мыдэу ахэр щы­сэ­бэпщ зы школ е тIу фIэкIа зыдэмыт жылэшхуэхэм. 
АвтомобилыщIэу 41-м я IункIыбзэIуххэри щэбэт кIуам яIэрыхьащ МВД-м и ГИБДД-м Къэбэрдей­-Балъкъэрым щиIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэм. Абы и лъабжьэр «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым къы­щыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэ­хэращ. КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, транспортыщIэхэмкIэ хабзэхъумэ ­IэнатIэхэр, гъуэгу плъырхэр къы­зэгъэпэщынымкIэ я ­мурад нэхъыщхьэр гъуэгу­хэм къыщыхъу насыпыншагъэхэм хагъэщIы­нырщ, абы щызекIуэ хабзэхэр ­ав­томобилхэм дэсхэми лъэсрызекIуэхэми къызэпемыгъэу­ды­нырщ. Аращ зыхуэлажьэр ­гъуэгухэр нэхъ бгъуэ зэращIри, гъуэгу зэхуакухэм я гъунапкъэхэр туркIэ къызэрагъэлъа­гъуэри. 
«Шынагъуэншэ икIи ­фIагъ ­лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым хыхьэ «Гъуэгу хозяйствэм зегъэу­жьын», «Гъуэгу зэпыщIэныгъэхэр», «Гъуэгухэм я шынагъуэншагъэ», «УФ-м ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и автомобиль гъуэгухэр» федеральнэ проектхэр щагъэзащIэ ди республикэми. Абыхэм япкъ иткIэ дяпэкIи пащэнущ автомобиль гъуэгу­хэм зегъэужьыным епха лэжьыгъэхэм. 
Къардэн  Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.