НАЛО АХЬМЭДХЪАН ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезыхьэу Хэку зауэшхуэм хэта Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум теухуа пшыхь гукъинэж. Ар ирагъэ­кIуэ­кIащ лъэпкъ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахь­мэд­рэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

Адыгэ театрым щагъэуващ Нало Ахьмэдхъан и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр щызэхуэхьэса дапхъэр, и гъа­щIэмрэ гуащIэмрэ теу­хуа тхыгъэхэр, сурэтхэр къы­зэ­щIиубыдэу.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правитель-с­твэм и УнафэщIым и япэ ­къуэдзэ Къуныжь МуIэед. Абы къыхигъэщащ Налом адыгэбзэмрэ литерату­рэм­рэ хуищIа хэлъхьэныгъэфI­хэр, литературэм и жанрхэм зэрызригъэужьар, и тхыгъэхэм хэку лъагъуныгъэмрэ лъэпкъ зэмы­лIэу­жьы­гъуэхэм щыщхэм яку дэлъ ныбжьэгъугъэмрэ зэ­рыщыпхышар, Хэку зауэш­хуэм ар жыджэру зэры­хэ­тар.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин Нало Ахьмэдхъан и гъащIэмрэ гуащIэмрэ пшы­хьым къекIуэлIахэм ягу къыщигъэкIыжым къыхигъэщащ ар республикэм и щIэ­ныгъэ, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэм жыджэру зэ­ры­хэтар, Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Невский Александр, Вагъуэ Плъыжь орденхэр, Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр, медалхэр абы къызэрыхуагъэфэщар.
- ТхакIуэ цIэрыIуэм теухуа юбилей пшыхьым сыкъы­зэревгъэблэгъар си гуапэщ, апхуэдэ щIэныгъэлIхэр щIэблэм, тхакIуэ ныбжьы­щIэхэм я щапхъэщ, абыхэм я тхыгъэхэр щIэиныфIщ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу Нало Ахьмэд­хъан къэралыр зэрыгуш­хуэхэм ящыщщ, - жиIащ Москва къикIа хьэщIэ, УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм лъэпкъ литературэхэмкIэ и советым и унафэщI Латынин Валерий.
Артистхэу Къуныжь Алимрэ Хьэмыку Жаннэрэ кърихьэлIахэм къахуеджащ Нало Ахьмэдхъан и тхыгъэхэм ящыщ зым.
Пшыхьым къыщыпсэ­лъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, Тэтэрстан Республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Зайдуллин Ркаиль, Дагъыс­тэн Республикэм и ТхакIуэ­хэм я зэгухьэныгъэм и сек­ре­тарь Артёмов Владислав, Нало лъэпкъым къыхэкIахэр, зэхыхьэм ирагъэблэгъа­хэр.
Нало Ахьмэдхъан щып­сэуа унэм фэеплъ пхъэбгъу фIадзащ, къалэм и уэрам­хэм ящыщ зым абы и ­цIэр фIащащ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым, «Бзэрабзэ» гупым щыщ ДыщэкI Артур, уэрэ­д­жыIакIуэ ЦокIыл Азэмэт сымэ.

 

Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ