ГЪЭМ И КIЫХЬАГЪКIЭ УРИПЛЪЭЖМЭ

«ПсэупIэхэмрэ къалэ зэIузэпэщыгъэмрэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу Бахъсэн къалэм зыхуей щы­хуагъэзащ Лениным и проспектымрэ Революцион-        нэ уэрамымрэ тет фэтэрхэм я бжэIупэхэмрэ щIыпIэ администрацэм и хъуреягъымрэ.

«Къалэм и теплъэр егъэфIэкIуэн» лъэпкъ проектым хиубыдэу а унэ зэтетхэм я бжэIупэхэм асфальтыр щIэуэ тралъхьащ, тетIысхьэпIэхэр щагъэуващ, жэщ уэздыгъэ­хэр щыпагъэнащ. 
Бахъсэн къалэм дэт курыт еджапIэу 6-м физикэмкIэ, хи­миемкIэ, биологиемкIэ дерсхэр щрагъэкIуэкI пэшхэр иджырей мардэхэм тету зыхуей щыхуагъэзащ «ЩIэ­ныгъэ» лъэпкъ проектымкIэ. Абыхэм иджы щола­жьэ щIэныгъэмрэ технологиемкIэ центрхэр. Апхуэдэ центрхэр къыщызэIуахащ Ислъэмей дэт 2-нэ, ХьэтIохъущыкъуейм дэт 2-нэ, 3-нэ, Къулъкъужын Ип­щэм дэт 1-нэ, 2-нэ, Кыщпэк дэт курыт школхэм. Бахъсэн щIыналъэм и мылъкум къыхэкIыу а ухуэныгъэхэм трагъэкIуэдащ сом 1 мелуанрэ мин 800-рэ.
Къулъкъу­жын Ищхъэрэм гъуазджэм щыхуагъасэу сабий еджапIэм иджыри зы унэ щIэуэ къыгуащIыхьыжащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу. УнэщIэм хэтщ актовэ зал ин, зытIэщIыпIэ, зыхуеину псомкIи къызэгъэпэща пэшу 8: хореографиемкIэ, макъамэмкIэ, уэрэд жыIэнымкIэ, художественнэ дерс­хэмкIэ. Яубла ухуэныгъэм и фIыгъэкIэ сабийуэ школым екIуалIэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ.

ШЭРЭДЖ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ