«ОМИКРОН» ШТАММ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭЩIЭР

ЩIэныгъэлIхэмрэ доху­тырхэмрэ «COVID-19» зи фIэщыгъэ коронавиру­сыщIэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр хъарзынэу къахута хъуащ иужьрей илъэситIым. Ар къызэуа­лIэхэм  я  нэхъыбэм я ­лъыр Iув ещI, я температурэр дрегъэкIуей, щхьэуз къарет, псчэ ­гъущэм ирегъэубыд, жы­пIэ­­нуращи, къарууншэ ещI.

Мыхэращ дохутырхэм нэ­хъыбэрэ гу зылъатэр. Апхуэдэу щыт пэтми, ­штам­мыщIэ къежьэху къэс­­кIэ, узыфэм   еплъэщIэ егъуэт, къахута нэщэнэхэм темыхуэ е емыщхь гуэрхэр къыхагъэкI. «Рос­пот­реб­над­зор»-м хъыбар къы­зэритамкIэ, Африкэ Ипщэ Республикэм къыщежьауэ нобэкIэ дунейм зыщеубгъу фIэщыгъэщIэ зрата штаммыщIэм. «Омикрон» - аращ абы зэреджэр. ЛIэу­жьыгъуэщIэр иджыри нэ-су къэхута хъуакъым, ауэ ар зыпкърыту къыщIа­гъэща цIыхухэм сыма­джагъэр зэрырахьэкIым теухуауэ гу зылъытапхъэ зыбжанэ къыхагъэкIауэ щы­­Iэщ.
«Омикрон»-р зэуэлIахэм я нэхъыбэм я Iэп­къ­лъэп­къыр щIэлIэу, шхы­ным я гур хуэмыкIуэу, я гур къы­дэмыжу, я къарур къахузэщIэмыкъуэу щытщ. Ауэ сымаджэ хъуахэм ­яхэт­къым зи температурэр лъагэу дэкIуея, щхьэуз зиIэ. Псчэ къариту игъэт­хьэу­сыхахэри мащIэ ды­дэщ. Уз зэрыцIалэхэмрэ мик­робиологиемкIэ Габ­ричевскэ Георгий и цIэр зезыхьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и лэ­жьа­кIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, штам­мыщIэр сабийхэм щеуа­лIэкIэ, я щIыфэм плъы­жьыгъэр къытрепхъэ. Мыр иджыри къыздэсым коронавирусым дамылъэгъуа нэщэнэу щIэуэ къахутахэм ящыщщ. «Омикро­н»-р къызэузахэм я процент ­15-м узыфэр ап­хуэ­дэу ящIэ­кIащ.
«УнэтIыныгъэ» щIэныгъэ центрым и унафэщI Се­мёнов Александр зэрыт­ригъэчыныхьымкIэ, Африкэм къыщежьа лIэужьы­гъуэщIэр коронавирусым и адрей штаммхэм мащIэ дыдэщ къазэ­рыщ­хьэ­щы­кIыр. Апхуэдэу щыт пэтми, псори зэакъылэгъущ штаммыщIэр цIыхум игъэ­хыщIэу зэремыгуауэм, Iэпкълъэпкъыр зытет щытыкIэ къызэрыкIуэм тришу ­гъейшей зэримыщIым.
Мысыхьэтым къызэра­хутамкIэ, Урысейм щыщу коронавирусым и лIэужьыгъуэщIэр цIыху 16-м еуэ­лIащ. Ахэр псори Африкэ Ипщэ Республикэм зы­гъэп­сэхуакIуэ кIуахэм ящыщщ.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.