2023 гъэм республикэм щекIуэкIыну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрызыхуагъэхьэзырым щытепсэлъыхьащ КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым къызэригъэпэща зэIущIэм. Хабзэ зэрыхъуам тету, пIалъэр къэса нэужь, а Iуэхур депутатхэм комитетым щызэпкърах.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим, хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депутатхэр, зи гугъу ящI Iуэхур зи нэIэ щIэт министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ, щIыпIэ самоуправленэхэм я лIыкIуэхэр.
Зэхуэсыр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш IуэхухэмкIэ, щIыр къэгъэсэбэпынымкIэ, экологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI ТекIушэ Артур къыхигъэщащ 2023 гъэм кърахьэлIэжыну гъавэм и бэвагъри, къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм къайхъулIэнур зыхуэдизри гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым зэрелъытар.
Абы теухуауэ Iуэхур иджыпсту зыIутым депутатхэр щигъэгъуэзащ КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Сыжажэ Хьэсэн. Апхуэдэуи 2022 гъэм мэкъумэш IэнатIэм къыщрахьэлIэжахэм тепсэлъыхьащ.
Илъэс блэкIам мэкъумэшхэкIыу кърахьэлIэжар адрей гъэхэм елъытауэ проценти 110-рэ мэхъу. Хуэгъэфэщауэ къызэрабжамкIэ, мэкъумэшхэкIыу къыщIагъэкIащ сом мелард 77-рэ и уасэ, гъавэу кърахьэлIэжари зыхуагъэувыжа бжыгъэм щIигъуащ.
Министрым зэрыжиIамкIэ, 2023 гъэри нэхъыфIыжу къайхъулIэну гугъэ щыIэщ, нобэ щыщIэдзауэ губгъуэ лэжьыгъэхэр къызыхуэтыншэу зыхуей хуагъазэмэ.
ИджыкIэ хьэцэпэцэу гектари 2,5-рэ трасащ, сэн яухмэ, псори зэхэту гектар 219,4-рэ иубыдынущ. Былымым Iусыпхъэ яхуэхъунухэр гектар мин 11,5-м трасэнущ.
ГъавэхэкIыу трасэнухэм я жылэхэр щIым елэжьхэм мыгувэу яIэрыхьэнущ. НобэкIэ мэкъумэшыщIэхэм щIыгъэпшэру къаIэрыхьащ тонн мин 16,014-рэ, ар мы гъэм халъхьэн хуей щIыгъэпшэрым и процент 44,7-рэ мэхъу.
ЩIым елэжьхэм илъэс куэдкIэ къэкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэмкIэ къыщIадзащ, нобэкIэ гектари 120-рэ жыгыу ягъэтIысащ.
Техникэ и лъэныкъуэкIэ лэжьыгъэр къызэрызэгъэпэщам щытепсэлъыхьым, Сыжажэм жиIащ ар псоми зэрахурикъур, техникэкIэ щыщIэныгъэ зэрыщымыIэр. Республикэм трактор мини 5, гъавэр зэрызэщIакъуэж комбайн 554-рэ, Iусыпхъэр зэрыIуахыж комбайну 156-рэ зэрыщыIэр.
КъулыкъущIэм зэрыжиIамкIэ, мэкъумэш IэнатIэр дунейм и щытыкIэм куэдкIэ елъытащ, абы къыхэкIыу гъавэр уэм щыхъумэныр псоми я къалэн инщ. 2022 гъэм хэгъэгум уэм зэрыпэщIэт IэмэпсымэщIэу иджыри тIу щагъэуващ, ар Бэтэхрэ Светловодскэмрэ дэтщ.
Iуэхум республикэ мылъкуу текIуадэм министрыр щытепсэлъыхьым жиIащ 2023 гъэм нэхъ пасэу щIадзауэ мылъкур къэзыгъэсэбэпынухэм зэрыхуаутIыпщыр. Мы гъэм къэралым мэкъумэш IэнатIэм сом меларди 3,372-рэ хилъхьэнущ, ар нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэщ. Мы ахъшэм щыщу мэкъумэш IэнатIэм зегъэужьыным сом меларди 2,750-р хухахынущ, сом мелуан 256-р губгъуэ лэжьыгъэхэм трагъэкIуэдэнущ.
КъищынэмыщIауэ, къэрал дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу лъэIу къэзыта цIыху 1100-м я ахъшэр яIэрыхьащ. Абыхэм я нэхъыбэр фермерхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэщ.
Сыжажэм жиIащ вэн-сэныр къалэнышхуэу зэрыщытыр, ар тэмэму зэфIэгъэкIыныр куэдым зэрелъытар. ИкIи дыщIигъуащ мыхьэнэ зиIэ зы Iуэхуи Iэпэдэгъэлэл зэрамыщIынур, псори я нэIэ зэрыщIэтыр, лэжьыгъэм пэрытхэм зэрапыщIар, дунейм и щытыкIэр зэран къахуэмыхъуу гъавэ бэв кърахьэлIэжыну зэрыгугъэр.
Зиужь ихьэну губгъуэ лэжьыгъэхэм зэрыхуэхьэзырым теухуауэ къэпсэлъащ Май район администрацэм Мэкъумэш IэнатIэмкIэ, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэнымрэ муниципальнэ щIым кIэлъыплъынымкIэ и къудамэм и унафэщI Дедовэ Маринэ, Тэрч щIыналъэ администрацэм Мэкъуэмэш IэнатIэмкIэ и управленэм и унафэщI Шэрий Юрэ сымэ.
Къэпсэлъахэм депутатхэм я упщIэхэм жэуап иратащ, субсидие зэрат щIыкIэхэм, гъавэм, жыгхэм псы зэрыщIагъэхьэм, грант зыIэрагъэхьэн папщIэ зыхуеину дэфтэрхэм, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ.