Инчы Иринэ: Ядэслъагъур цIыхугъэщ, гуапагъэщ

Педагогикэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Инчы Иринэ Къэралбий и пхъур Тыркум и Къайсэр къалэм дэт Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ и кафедрэм щолажьэ. КъБКъУ-м ЕгъэджакIуэхэм я IэщIагъэм щыхагъахъуэ и институтым Адыгэбзэмрэ балъкъэ­рыб­зэм­­­рэ егъэджэнымкIэ, тео­риемрэ методикэмкIэ и кафедрэм и унафэщIу щытащ Иринэ. Адыгэбзэр зэ­рырагъаджэ методикэм куэду телэжьыхьащ. IэмалыщIэ зэ­мылIэужьы­гъуэхэмкIэ сабийхэр адыгэбзэм зэрыдебгъэхьэхыным егъэджакIуэхэр хуигъасэу Налшык щыIащ. Иджы щылажьэ еджапIэ нэхъыщхьэм адыгэбзэр зэ­рыщригъэджым, хэхэс адыгэ­хэм я лъэпкъ хъугъуэфIы­гъуэхэр зэрахъумэм, егъэ­джэ­ныгъэ IэнатIэм зы­щри­­хьэ­лIэ Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ Иринэ къыджиIахэм ди гуа­пэу фыщыдогъэгъуазэ. 

- Иринэ, дэ фIыуэ удоцIыху Налшык щепхьэкIа лэжьыгъэмкIэ, дауэ утегушхуа Тыркум егъэджакIуэу укIуэну? Дапщэщ лъандэрэ ущыла­жьэрэ? 
- Тыркум адыгэ нэхъыбэ хэхэсу зэрыщыпсэур псоми дощIэ. Адрей къалэхэм хуэмыдэжу, Къайсэр адыгэ куэд дэсщ. Абы къыхэкIыу, мы къалэм дэт Эрджиес университетым адыгэбзэмкIэ кафедрэ къыщызэ­Iуахыну илъэс зыбжанэ хъуауэ загъэхьэзырырт. Сэ абы сы­щылэжьэну си пщIыхьэпIи къы­хэхуэртэкъым. Си лэжьыгъэм сфIэфIу сыпэрытт, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ щэныфIэхэм, гуапэхэм, губзыгъэхэм, псэ­емы­блэжхэм садэлажьэрт, курсхэр езгъэкIуэкIырт, федеральнэ программэ зэмылIэужьыгъуэхэм сыхэтт, абыхэм ди егъэджакIуэхэр зэрыхэсшэным иужь ситу. 
Дызэримыгугъэу гъащIэм зэхъуэкIыныгъэхэр егъуэт. Эрджиес университетым Адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмкIэ кафедрэр къыщызэIуахым, доценту срагъэблэгъащ, 2018 гъэ лъандэрэ абы сыщолажьэ. 
- ЦIыху дапщэ къы­щIэ­тIысхьэрэ ущылажьэ къудамэм? Дапщэм къауха нобэкIэ, иджыпсту щеджэм я бжыгъэр къыджепIэн? 
- 2018 гъэм и бжьыхьэм япэ курсыр къэтщтащ. Адыгэбзэр яджыну университетым цIыху 31-рэ къыщIэтIысхьат, абыхэм ящыщу цIыхуиблыр тыркут, адрейхэр адыгэт. Апхуэдиз студент дызэриIэр хуабжьу гуапэ тщыхъуат, дыщыгуфIыкIат. 2021 гъэм япэ гупым, цIыху ­15-м, еджэныр къаухащ. ИужькIэ къыщIэтIысхьахэми я бжыгъэр а 30-м нэсырт, ауэ коронавирусым и зэманым цIыху 17-м хуэкIуащ. 
2022 - 2023 гъэ еджэгъуэми цIыху 29-рэ къэтщтащ. Иджыпсту псори зэхэту курсиплIым студент 60 щыдогъаджэ. Ди студентхэм ящыщ куэдым щIэныгъэ етIуанэ зрагъэгъуэ­тыну къыщIэтIысхьэу аращи, ныбжь нэхъ зиIэхэри, лэжьыгъэ IэнатIэ Iутхэри яхэтщ. Ауэ лъэкI къамыгъанэу йогугъу, еджапIэр зэрыхыфIамыдзэжыным иужь итхэщ. 
- АдыгэбзэмкIэ кафедрэм и лэжьыгъэм, абы Iуэху щы­зыщIэхэм, хэхэсхэм я бзэр яджыжыным теухуауэ университетым щыIэ хабзэхэм укъытхутепсэлъыхьамэ арат, Иринэ. 
- Къыхэзгъэщыну сыхуейщ университетым адыгэбзэ кафедрэр къыщызэIуахын папщIэ зи гуащIэ хэзылъхьа адыгэ профессорхэу доктор Озтюрк (Лэнкъуэж) Илъхьан (а зэма­ным щIэныгъэмкIэ факультетым и декант), инженерхэмрэ машинэухуэхэмрэ щагъэхьэ­зыр факультетым и профессор доктор Озден (Къущхьэ) Седат. Мыхэр мыхъуамэ, кафедрэр иджыри щIэх къызэIуахынтэкъым. Лэнкъуэж Илъхьан Налшык фIыуэ къыщацIыху. ИнформатизацэмкIэ институтым къызэригъэпэщу щыта конференцхэм щыIащ, абы и уна­фэщIу щыта Нэхущ Iэдэм дэ­лэжьащ, уеблэмэ и цIэкIэ ятхыжа тхылъым Илъхьан и гукъэкIыжхэр ихуащ.
Ди кафедрэр къыщызэIутхым псом япэу программэр дгъэхьэзыращ. Абы къызэщIеубыдэ еджэныгъэр, тхыгъэр, псэлъэнымрэ едэIуэнымрэ, урысыбзэр, морфологиер, синтаксисыр, мифологиер, адыгэ сабий литературэр, адыгэ литературэр, адыгэбзэмрэ адыгэ щэнхабзэмрэ, зэдзэкIыныр, нэгъуэщIхэри. Тырку хабзэмкIэ кафедрэм и унафэщIу щытын хуейр къэралым и цIыхущ. Ди кафедрэм и тхьэмадэ Илдырым Ариф тырку щIалэщ, илъэси 10-кIэ Москва къэрал университетым щылэжьащ, урысыбзэмкIэ щIэныгъэлIщ. Ар бзэмкIэ хуабжьу къыддоIэ­пыкъу, цIыху хъарзынэщ, щэ­ны­фIэщ, гу къабзэщ, гъэсэныгъэ зыбгъэдэлъщ. Сэ Алыхьым фIы­щIэшхуэ хузощI, мыбы сы­зы­щрихьэлIэ цIыхуфIхэм щхьэ­кIэ. 
Езы Эрджиес университетым теухуауэ интернетым гъэщIэ­гъуэн куэд фыкъыщеджэфынущ. Абы и литературэ факультетыр лъэщщ. Ар къыхокI бзэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэр зэрырагъэджым: адыгэбзэ, тыркубзэ, урысыбзэ, ермэлыбзэ, иврит, китаибзэ, кореибзэ, хинди, японыбзэ, нэ­гъуэщIхэри. Тырку къэралы­гъуэм зэрызиужь программэм ипкъ иткIэ, хэхэсхэм я бзэр яджыжыну хуит ящI, абы пап­щIэ программэ­хэри ягъэ­хьэ­зыр. Псалъэм папщIэ, курыт еджапIэхэм адыгэ сабийхэр пщыкIуий щызэрыгъэхъурэ, «адыгэбзэ деджэну дыхуейщ», - жаIэмэ, ар къы­ху­зэ­рагъэ­пэщынущ. Апхуэдэу ди анэ­дэлъхубзэр курыт еджапIэ куэдым щадж.
- Дэ зэрытщIэмкIэ, Къайсэррэ Дюзджэрэ дэт университетхэм щолажьэ адыгэ ­къу­дамэхэр. НэгъуэщI къалэ­хэми къыщызэIуахауэ пIэрэ? Школ­хэм бзэр зэры­щра­гъэ­джыр узыщыгуфIы­кIынщ.
- Школхэм зэрыщрагъаджэ тхылъхэр методикэ лъэщым ­тету зэхалъхьащ, щхъуэкIэ­плъыкIэ дахэурэ ягъэхьэзыращ. Гупхэм хэтщ ныбжькIэ, щIэныгъэкIэ зэхуэмыдэхэр. Псалъэм папщIэ, бзэмкIэ мыпсэлъэфхэри екIуу псалъэхэри, илъэсибл фIэкIа мыхъухэри, зи ныбжьыр илъэс 12 е нэхъыбэ хъухэри зэхэсщ. Апхуэдэ лэжьэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрми сыщрихьэлIауэ щытащ. Тырныауз къалэ Отаровым и цIэр зэрихьэу дэт лицей №1-м щолажьэ егъэджакIуэ бэлыхь, зи цIэр ину пIэт хъуну КIэмыргуей Тосэ. Абы и лэжьыгъэр къэтпщытэну еджапIэм дыщыкIуам, гъэщIэгъуэн дыдэ сщыхъуауэ щытащ: адыгэбзэ дерсым щызэхуэсат еджакIуэ нэхъыщIэхэри нэхъыжьхэри. Сабийхэри сыхьэт бжыгъэри зэрымащIэм къы­хэкI­кIэ, апхуэдэ гуп зэмы­лIэужьыгъуэхэр щызэхэс егъэ­джэкIэм хуэкIуэн хуей хъуахэт. Апхуэдэ гупым егъэджакIуэм и пщэм къыдилъхьэ къалэн гугъу­хэм Тосэ зэрыпэлъэщар сигу икIыжкъым. А гуп зэхэ­шэкIэм и лъэныкъуэ хъар­зынэщ адыгэбзэр практикэ щIыкIэм тету зэрырагъэджыр. ДжэгукIэхэр, зэпсэлъэкIэхэр, социально-коммуникативнэ технологиехэр щыкуэдщ, грамматикэр щымащIэщ. 
Иджыпсту адыгэбзэр щаджыр зи гугъу пщIа университетитIращ. Дюзджэ - хьэтыкъуеибзэр, Къайсэр къэбэрдеибзэр щадж. Университетым щIэныгъэ щызэзыгъэгъуэтам Хасэхэми адыгэбзэр щригъэдж хъунущ, къэрал лэжьапIэ ув, полицэм щылажьэ хъунущ. 
- Факультетым къыщIэ­тIыс­хьэхэм бзэр ящIэрэ? Хьэмэрэ алыфбейм щыщIэдзауэ фа­дэлажьэрэ? 
- Ди студентхэр гупищу зэ­хэтщ: бзэр зыщIэ, тхэф, еджэф, тхылъхэр, статьяхэр зытхыф; бзэр зымыщIэ, ауэ къызыгурыIуэ; бзэр зэи зэхэзымыхахэр. Нэхъыбэм бзэр ящIэркъым, кириллицэр яцIыхуркъым. Абы къыхэкIыу адыгэбзэр алыфбейм къыщыщIэдзауэ идогъэдж. 
- Хэхэс адыгэхэм я щIалэ­гъуалэм фащыдэлажьэкIэ, фолъагъу абыхэм я дуней тетыкIэр, хьэл-щэнхэр, зэхэ­тыкIэр. Сыт хуэдэ ахэр? Тыркухэм ещхь хъуа, хьэмэрэ лъэпкъ щхьэхуэныгъэхэр, хабзэр, лъэпкъ зыхэщIыкIыр ядэфлъагъурэ, яхэлъыж? НэгъуэщIу жыпIэмэ, адыгэу къызэтена? 
- Сэ ди студентхэм ядэслъагъур цIыхугъэщ, гуапагъэщ, бзэ IэфIагъэщ, гъэсэныгъэщ, хуитыныгъэщ, щIалэгъуалэр зэIухащ. ЗэрыжысIащи, дэ адыги тыркуи идогъаджэ. ЦIыхугъэр дэни щыцIыхугъэщ. Тыркум щыпсэу адыгэхэр тыркухэм ещхь хъуарэ мыхъуарэ сэ жысIэфынукъым, ауэ Хэкум щыпсэу адыгэхэм къазэ­ры­щхьэщыкIыр нэрылъагъущ. НэгъуэщIуи хъункъым. Мыр ­нэгъуэщI къэралщ, щызекIуэр нэгъуэщI бзэщ, нэгъуэщI хабзэщ. Ауэ адыгэхэр зы зыщIу, лъым хэлъу гу зылъыстэр, нэхъы­жьым пщIэ зэрыхуащIырщ, щIэныгъэм зэрыхуэпабгъэрщ, адыгэгу зэракIуэ­цIы­лъырщ. Лъэпкъ зы­хэ­щIы­кIыр дэтхэнэми къыдокIуэкI.
- ЗэрыжыпIэмкIэ, щIалэ­гъуа­лэм бзэр ямыщIэми, адыгэну хуейщ. 
- Дэ дызрихьэлIэ щIалэгъуа­лэр нэхъыбэу ди студентхэращи, ахэр адыгэбзэ къудамэм къыщIыщIэтIысхьар бзэр, къы­зыхэкIа лъэпкъым и тхыдэр ящIэну хуейуэ аращ. Аракъэ адыгэну хуейм къикIыр?! Зы мащIэми хуабжьу щогуфIыкI, яфIэгъэщIэгъуэну махуэхэм я цIэр зэрагъащIэ, адыгэ нэ­щэнэхэр, псалъэжьхэр телъы­джэ къащохъу. Псалъэжьхэм я мыхьэнэр зэрыкуур, куп­щIэ­шхуэ зэраIэр езыхэм жаIэ. ЯфIэфIу адыгэ псалъэжьхэр тырку псалъэжьхэм ирагъапщэ. Тхыдэри, хабзэри, бзэри хъарзынэу къащтэ, я унагъуэ­хэм ар щаIуэтэж. Апхуэдэу щыхъукIэ, ди студентхэм нэмыщI, абыхэм я унагъуэми дыщы­лажьэу жытIэ хъунущ. 
- Иринэ, уэ илъэс зыбжанэ хъуауэ Тыркум ущопсэу, ущолажьэ. ЩIалэгъуалэм и за­къуэ мыхъуу, абы щыIэ адыгэхэм нобэ я псэукIэм, гупсысэкIэм утезгъэпсэ­лъы­хьынут. Уэ пцIыху балигъхэм, унагъуэхэм я лъэпкъ зэ­хэ­щIы­кIыр сыт хуэдэ? Бзэр зы­щIэр куэд хъууэ пхужыIэну?
- ГуфIэгъуэкIэ е гузэвэгъуэ­кIэ, благъагъэкIэ унагъуэ куэ­дым сихьащ сэ. Мыбы щыIэ нэхъыжьхэр къуажэхэм къыщыхъуащи, адыгэбзэр фIыуэ ящIэ, адыгэ гушыIэкIэ дахэ яхэлъщ. Дахащэу зохъурджауэхэр. Емы­кIумрэ екIумрэ зэхащIыкI, сэркIэ ар лъапIэщ. Нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я тIысыпIэхэр ящIэ, унагъуэ хабзэр яIыгъщ. Дауи, абы зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэри игъуэтащ. СэркIэ ари тэмэмщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хабзэр ижыхьакъым, ар лантIэщ, зэманымрэ узыхэт дунеймрэ епхащ. Псом нэхъыщ­хьэр пкъыращ, ар псэумэ, лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэнэ-нущ. 
Псалъэм папщIэ, си пщып­хъум и унагъуэм ис сабийхэр псори адыгэбзэкIэ мэпсалъэ. Илъэс пщыкIубгъу хъууэ зы ­пхъурылъху щIалэ яIэщи, ар, езым зригъэсэжауэ, адыгэ пшынэ йоуэ, уэрсэру мэпсалъэ, адыгэ нэтынхэм интернетымкIэ йоплъ, уэрэдхэм йодаIуэ. Абы и шыпхъу нэхъыщIэ цIыкIур екIуу къофэ, ари мэпсалъэ, йоджэ. Мы унагъуэм адыгэбзэкIэ псори щопсалъэ, я сабийхэр Хасэм макIуэ. 
Хасэхэм мыхьэнэшхуэ щаIэщ Тыркум, ахэр щэнхабзэ центр хъуащ. ЩIалэгъуалэ куэд зэ­хуашэсыф, адыгэ щэнхабзэм ирашэлIэф. Лэжьыгъэшхуэ щра­гъэкIуэкI абыхэм. КIэщIу жы­пIэмэ, сэ сызрихьэлIа ­цIыху­хэм я нэхъыбэм бзэр ящIэ, иропсалъэ. Зыгуэрхэм къагуроIуэ, ауэ псэлъэфыркъым.
- Къайсэр щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэм нэхъ убгъуауэ утезгъэпсэлъыхьынут.
- Къайсэр ХаситI дэтщ. Зыр щэнхабзэм, бзэм, щIалэгъуалэ Iуэхум нэхъ епхащ, адрейр нэхъыжьхэмрэ динымрэ нэхъ толажьэ. ТIуми я нэIэ къыттет зэпытщ. Кафедрэр къызэIу­хыным иужь итахэм ящыщщ Хасэхэр, икIи ялъэкI къамы­гъанэу студентхэр адыгэбзэ ­къудамэм кърашалIэ. Хэхэс адыгэхэм я дежкIэ мыхьэ­нэш­хуэ яIэщ абыхэм. Сэ сызэреплъымкIэ, Къайсэр и Хасэхэм я къудамэхэр нэхъыбэу къалэм дэтын хуейт, сабийхэр нэхъ тыншу адыгэ унэм кърашэлIэфын папщIэ. Хасэм адыгэбзэмкIэ курсхэр щокIуэкI, сабийхэм, щIалэгъуалэм къэфэкIэ щра­гъасэ, бзэм зиужьыным йолэжь. «Зы бзэ - Адыгэбзэ» гуп щыIэщи, ахэр бзэм кIэлъоплъ. Этимологие и лъэныкъуэкIэ псалъэхэр зэпкърах. Токъмакъ Айдын и еплъыкIэр щитхыжащ «ЩIы, уэ, псы, бзэ. Ди бзэ - Адыгэбзэ» тхылъ гъэщIэгъуэ­ным. 
Хасэм кърихьэжьа IуэхущIэ­хэм ящыщу къыхэзгъэщынут адыгэ кхъуейм и патентыр къызэрыIахар. Иджы кхъуей щыхах завод зэрагъэпэщауэ, адыгэ кхъуей плъыжь ящI, ящэ. АбыкIэ Къайсэр и къалэ уна­фэщIыр хуабжьу къадэIэпы­къуащ. ЖыIэн хуейщ лъэпкъ IуэхухэмкIэ тырку къэралы­гъуэр Хасэхэм фIыуэ зэра­дэIэпыкъур.
Абыхэм къадэкIуэу адыгэ шхыныгъуэхэр зэрапщэфIым щыхуагъасэ курс щыIэщ Хасэм. Абы папщIэ пщэфIапIэ зэгъэ­пэща яIэщ. КъБР-м щыщ Къущхьэ Оксани зыбжанэрэ кърагъэблагъэри, мастер-класс итащ.
ХаситIри университетым дыщихьэщIэщ. Сыт щыгъуи ды­зэпыщIащ, дызэрыIыгъщ. Адыгэбзэм Тыркум зыщиуб­гъунымкIэ, щэнхабзэр цIыхухэм яхэлъхьэнымкIэ, адыгэ лъэпкъ зыхэщIыкIыр лъым хэпщэнымкIэ Хасэм лэжьыгъэшхуэ зэ­рыригъэкIуэкIыр жысIэфынущ. Абы и лъэныкъуэкIэ дэтхэнэ зыми фIыщIэшхуэ хуэфащэщ.
- Уэ узэреплъымкIэ, сыт хуэдэ къэкIуэн яIэ Тыркум щыхэхэс ди лъэпкъэгъухэм? Ахэр хэшыпсыхьыжыну жы­зыIэхэм къадэпщтэрэ хьэ­мэ­рэ дызыхэпсэукI лъэхъэнэм ди зэпыщIэныгъэхэр нэхъ зэрефIэкIуам, лъэпкъ зэхэ­щIыкIыр нэхъ къэушыж зэрыхъуам я фIыгъэкIэ, къызэтенэну? 
- Мыр упщIэ гъэщIэгъуэнщ. Си гугъэмкIэ, Тыркум щыпсэу хэхэс адыгэхэм гъуэгуитIри ­къапэщылъщ. Языныкъуэхэр ­я IуэхущIафэмрэ я фейдэмрэ ­хигъэшыпсыхьыжынущ, адрейхэр, е инэхъыбэр, я лъэпкъ зэхэщIыкIыр текIуэнурэ, адыгэу къызэтенэнущ. 
Пэжщ, ди зэманым зэпы­щIэныгъэхэр нэхъ ефIэкIуащ, ауэ ахэри сфIэмащIэщ. Хэкум кIуэн-къэкIуэжыныр нэхъ тынш, нэхъ пуд хъун хуейщ. Къэбэрдей, Шэрджэс, Адыгей щIыналъэхэм зэи щымыIа хэхэсым и нэгу къыхущIэгъэхьэнукъым адыгэ псэукIэр, гупсысэкIэр, зэхэтыкIэр. Ди студентхэр бзэмкIэ практикэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым нэтшэну дохъуапсэ, ар къыддэзыщтэн, къыддэзыIыгъынхэм дащощIэ. ФIы дыдэ хъунут Эрджиес университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ зэдэлэ­жьэ­нымкIэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIамэ. 
Ди студентхэр Налшык на­кIуэмэ, хэкурыс студентхэм ядеджэмэ, къэрал псэукIэр ­ялъагъумэ, адыгэхэм яхыхьэ­мэ, адыгэбзэр нэхъ тыншу зэрагъэщIэнут, я адыгэпсэми «дамэ къытекIэнут». 
Епсэлъар
НэщIэпыджэ  Замирэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ