«Уэрэд гунэсхэр»

А фIэщыгъэм щIэту ­къа­фэмрэ уэрэдымкIэ «Амикс» гупым концерт-уэршэр пшыхьхэр Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал уни­верситетым щригъэ­жьащ.

«Сыножьэ, къэгъэзэж» япэ пшыхьыр ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрыр хэту къызэрагъэ­пэщащ. 
Гупым я унафэщI, ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ­Къул Амир зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ зэхыхьэ Отаров Керим и цIэр зезыхьэ Балъкъэр щэнхабзэ центрми и гъусэу ящIыну я мурадщ.
- Иджырей пшыхьыр хуэгъэпсауэ щытащ Украи­нэмрэ ди къэралымрэ я гъу­напкъэхэм къыщыхъу Iуэхугъуэхэм. Ди къэралым щыпсэу куэдым хуэдэу, дэри а Iуэхухэм дрогузавэ. Уэрэдхэр къыхэтхын ипэ, сэ щIалэгъуалэм сепсалъэ-ри, я Iуэху еплъыкIэм зы­щыз­гъэгъуэзащ. ЩIалэр армэм зэрыдашыр, итIанэ къулыкъу ищIауэ къызэригъэзэжыр теплъэгъуэ цIыкIу хуэдэу концертым къыщыдгъэлъэгъуащ, - ­же­Iэ­ ­Къулым. 
ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ щэнхабзэ центрым и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Езауэ Мадинэ къыщыпсалъэм къыхигъэщащ ­студент щIалэгъуалэр дап­щэщи зэманым декIуу, абы и къэхъукъащIэхэми пэджэжу щытын хуейуэ къы­зэрилъытэр.
- Музыкэ спектаклым хэтащ дохутыр, журналист, филолог IэщIагъэхэм хуе­джэ студентхэр. Къыхэгъэщыпхъэщ мы гупым урыс, балъкъэр хъыджэбз цIыкIухэр къызэрыхашар. Абы­хэм икъукIэ дахэу ады­гэбзэкIэ уэрэд жаIащ. ЩIалэгъуалэм яфIэфI дыдэу мы Iуэхур къызэдащтащ икIи лъэпкъ зэхэгъэж зэрамыIэм хуабжьу сегъэгуфIэ. Сэ гу лъыстащ иджырей щIэблэр, сыт хуэдэ лъэпкъ къыхэ­кIари, зэрызэгу­ры­Iуэ­ным яужь зэритым, - жеIэ Мадинэ. 
Иджыблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым  щагъэлъэ­гъуа концерт-уэршэр пшыхь­­хэм хуэ­дэхэр нэхъыбэ ящIыну я мурадщ.  
Тэрчокъуэ Дисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.11.2024 - 09:03

«ПщыкIузым я егъэзыпIэм» гулъытэ егъуэт

КъБР-м ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ Кавказ Ищхъэрэм зегъэужьынымкIэ «Кавказ.РФ» институтымрэ Iуащхьэмахуэ лъапэ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къыщыIэщIахыжамрэ Совет къэралыгъуэм и ныпыр

04.11.2024 - 09:03

Жыг пэтми-фэеплъщ

Хы фIыцIэ Iуфэм Iус Головинкэ (Шахэпэ) къуажэм псыIумкIэ гъэза и гъунэм уардэу Iут, ныбжь ин дыдэ зиIэ «Жыгдахэ» здэщыт щIыпIэр абдежым зэгъунэгъуу щыпсэуа шапсыгъ адыгэхэмрэ убыххэмрэ ижь-ижьыж лъ

03.11.2024 - 13:25

ЗэгурыIуэм нэхъ лъапIэ щыIэкъым

Урысейм ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр и дамыгъэщ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр, дин зэхуэмыдэхэр зыIыгъхэр зэгурыIуэ-зэдэIуэжу зэрызэдэпсэум.

03.11.2024 - 09:03

Фэшх-лышхымрэ дэрэ

ЩIыуэпсыр апхуэдэу къигъэщIащи, дунейм псэущхьэу тетыр зым адрейм и шхыныгъуэу къогъуэгурыкIуэ.

02.11.2024 - 18:32

Урысейм и паспорт ират

2024 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм Урысей ­МВД-м и къудамэу Тэрч районым щыIэм къы­Iэрыхьащ хамэ къэрал гъунэгъухэм я зым щыщ, илъэс 57-рэ зи ныбжь цIыхухъум  и лъэIу тхылъ, Урысей Федерацэм и цIыхуу къал