Iэгъэбэгу абрагъуэхэр

Iуащхьэмахуэ и Iэгъуэблагъэм щынэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ мывэм къыхэщIыкIа Iэгъэбэгу абра­гъуэхэр зытет тафэр. 

Алатырь бгым метр 3250-кIэ удэ­кIуея нэужь иIэ тафэм мывэм къы­хэщIыкIауэ Iэгъэбэгу 20-м нэс щы­зэ­хэтщ. Абы и хъуреягъыр мывэкIэ къэ­щIыхьащ, и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ ­дэ­кIыпIэ иIэщ, Сирх бгым екIуалIэу. ЛIэ­щIыгъуэ куэд хъуауэ зыплъы­хьа­кIуэхэм ягъэщIагъуэ абыхэм я инагъымрэ я теплъэ телъыджэмрэ. Ахэр зытет тафэр инкъым: метри 100 и бгъуа­гъыу, метр 250-рэ и кIыхьагъыу аращ.
Мы щIыпIэм къаруушхуэ иIэщ: электрон Iэмэпсымэхэр щылажьэркъым, сыхьэтхэр къыщоувыIэ. Дунейм и щы­тыкIэри щыгъэщIэгъуэнщ абдеж - куэдрэ плъагъунущ ихъуреягъкIэ уэшх къыщешхыу, жьапщэу, ауэ Iэгъэбэгухэм я тафэм дыгъэшхуэ къыщепсу. 
Мы щIыпIэм йогхэр «Кавказым щыIэ ШамбэлэкIэ» йоджэ. Тафэм цIыхур пIейтеиншэ, гузэвэншэ щохъу, и гум  зыщегъэпсэху. Языныкъуэхэм мыбы фIэщщIыгъуей телъыджэ куэд ща­лъагъу. ЗэрыжаIэмкIэ, мы щIыпIэм пасэ зэманым къур­мэн щащIу щытащ. Абы нэмыщI, мы мывэхэм уте­гъуалъхьэрэ утелъ­мэ, узыр пщхьэщы­кIыу жаIэ. Нэхъ ищхьэмкIэ щыIэ Iэгъэ­бэгухэм я щхьэ пIащIэхэм узыIэпашэу къыпщохъу, удэкIуеймэ занщIэу зыхыбощIэ къабгъэдэкI хуабагъыр. Нэхъ ищIагъыIуэмкIэ укъех­мэ, нэ­гъуэщIщ - абдеж щызэхэт Iэгъэбэгухэм я щхьэм удэ-  кIуея нэужь зыхэпщIэр щIыIэщ.
Мывэм къыхэщIыкIа Iэгъэбэгухэм я щ­хьэр вулкан диижащ. Зыплъы­хьа­кIуэхэм нэмыщI мы щIыпIэр щIэныгъэлIхэми яфIэгъэщIэгъуэну ядж.

БИЦУ  Жаннэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.12.2023 - 09:25

IЭФIУ, КЪЭУАТУ ЩIАКХЪУЭ

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Пасэрей Мысырым щIакхъуэ щагъажьэу щIадзащ ди эрэм и пэкIэ 5-нэ лIэщIыгъуэм.

07.12.2023 - 08:10

АЗЭПЩ И КЪУЭ ГЪУДЭБЕРД И УЭРЭДЫМРЭ И ХЪЫБАРЫМРЭ

Къэбэрдейм «уей-уей» жрагъэIэу исахэм ящыщщ Азэпщхэ. Лъэпкъ мащIэми, гу зыкIуэцIылъ, Хэкум щхьэкIэ зи псэр зытыну хьэзыр лъэпкъыфIхэм языхэзт. Абыхэм ящыщщ Гъудэберд жыхуаIэр.

07.12.2023 - 07:51

ЧЕМПИОНАТЫМ И ЕТIУАНЭ МЕДАЛЬ

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ дзэм къулыкъу щызыщIэхэм спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ я 36-нэ дунейпсо чемпионат. Абы щызэпеуащ къэрал 18-м я спортсмен 200-м щIигъу.

07.12.2023 - 07:51

МАЙ ЩIЫНАЛЪЭМ ГЪУЭГУХЭР ЩЫЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) и фIыгъэкIэ 2023 гъэм Май щIыналъэм Iуэхугъуэ хъарзынэхэр щызэфIагъэкIащ.

06.12.2023 - 15:34

АХЪШЭ ЩIЫХУЭМ ХОХЪУЭ

2023 гъэм жэпуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу республикэм и цIыхухэм банкхэм къыIаха кредитым и куэдагъыр псори зэхэту сом мелард 88,5-рэ хъуащ.